СУРЭТЫЩI, ЕГЪЭДЖАКIУЭ

Налшык дэт Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ ­ГъуазджэхэмкIэ музейм Нарткъалэ щыщ су­рэтыщI Чернощёковэ Ольгэ и IэдакъэщIэкIхэр щагъэ­лъагъуэ. Ар IэщIагъэм зэрыхэтрэ илъэс 30 зэрырикъуам теухуащ. Чернощёковэр сурэты­щIу, утыкур гуащэхэмрэ хьэпшыпхэмкIэ игъэ­щIэращIэу щолажьэ Нарткъалэ дэт ЩIалэ­гъуалэ теат­рым, Сабий художественнэ школым, Налшык щыIэ Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зе­зыхьэ ГъуазджэмкIэ школ №2-м гъуазджэр щре­гъэдж. 

Музейм и пэшитIым щагъэлъагъуэ хьэпшыпхэр 50-м ноблагъэ. Абыхэм яхэтщ театрым зэры­щы­джэгу фэилъхьэгъуэхэр, гуащэхэр, хьэпшыпхэр, сурэтхэр, эскизхэр. Гуащэхэм яхыболъагъуэ тау­рыхъ­хэм, литературэ тхыгъэхэм къыхэщыж лIы­хъужьхэри. Бзылъхугъэм щIыуэпсыр, цIыхухэр къы­зыхэщ сурэтхэр, натюрмортхэр и куэдщ. 
- ЩIыуэпс теплъэ щысщIыр зыщызгъэпсэхурщ. Абы гугъу сыдехьыркъым, атIэ си гур дахагъэкIэ ­согъэнщI. ЦIыху сурэт пщIыныр нэхъ гугъущ, ауэ узыIэпешэ. А лэжьыгъэмкIэ къэбгъэлъагъуэ мэхъу цIыхум и теплъэм нэмыщI, хьэл-щэныр, гукъы­дэжыр, ныбжьыр. Псалъэм папщIэ, и нэхэр пщIыуэрэ, абыхэм гупсысэ гуэр зэрыщIэтым укIэлъоплъ, - жеIэ сурэтыщIым. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI Жылэ Анатолэ жеIэ Ольгэ и лэжьыгъэхэр мыпхуэ­дэу зэгъэуIуауэ япэу зэрилъагъур, абы и сурэтхэм Iэзагъ зэрыхэлъри къыхегъэщ.
- Театрым и сурэтыщI Чернощёковэр нобэ зэзгъэцIыхуу аращ, пэжым ухуеймэ. Сэ сыщыгъуазэщ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ зэрадэлажьэм, абы и гъэсэнхэм гъуазджэм IэкIуэлъакIуэу щылъэщэнухэр куэду къазэрыхэкIым. Ольгэ зэфIэкIышхуэ иIэу къыщIэкIащ, абы и щыхьэтщ нобэ тлъагъу и ­IэдакъэщIэкI гъэщIэгъуэнхэр. Сэ абыхэм сащы­гуфIыкIащ, - жиIащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ.
Нарткъалэ и ЩIалэгъуалэ театрым и режиссёр нэхъыщхьэ Сапрыкинэ Галинэ тепсэлъыхьащ Ольгэ и цIыху щIыкIэм, театрыр зэригъэдахэм, щIалэгъуалэм игуи и пси етауэ зэрадэлажьэм, уеблэмэ абы и гъэсэн куэдым нэгъуэщI къэралхэм щIэныгъэм щыхагъэхъуэну я лъэр зэрынахьэсым.
Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ ГъуазджэмкIэ школым и унафэщI Къуныжь ХьэIишэт къыхигъэщащ бзылъхугъэм иригъаджэ ныбжьыщIэхэр абы и дерсхэм дахагъэкIэ зэрапсыхьыр.
СурэтыщIым фIыщIэ яхуищIащ гъэлъэгъуэныгъэр къызэзыгъэпэщахэми абы еплъыну къе­кIуэлIахэми. 
- Мы лэжьыгъэхэм фи гукъыдэжыр къаIэтмэ, си гуапэщ! - жиIащ абы. 
Гъэлъэгъуэныгъэр екIуэкIынущ гъатхэпэм и кIэ пщIондэ. 

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI