ЕМКЪУЖЫМ И ГЪЭСЭНЫР КЪЫХОЖАНЫКI

Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Емкъуж Мухьэмэд и гъэсэн щIалэ иджыблагъэ къыщыхэжаныкIащ Австрием и Линц къалэм дзюдомкIэ Гран-прим хыхьэу щекIуэкIа дунейпсо зэхьэзэхуэм. Ди къэралым и командэ къыхэхам хэту абы зыкъыщызыгъэлъэгъуа Мисиров Исмэхьил зыхэта гупым ещанэ увыпIэр къыщихьащ.

Дунейпсо зэхьэзэхуэшхуэм кърихьэлIащ къэрал 78-м я бэнакIуэу 528-рэ. Килограмм 66-рэ хъухэм я деж Мисировым япэ зэIущIиплIым хухаха зэманхэр и кIэм нимыгъэсу и хьэрхуэрэгъухэм ахэр къафIихьащ.

КIэух зэхьэзэхуэм и Iыхьэ ныкъуэм абы къыпэщIэтащ Японием и дзюдоист лъэщ Хадано Кеито икIи ар къытекIуащ. Абы иужькIэ домбеякъ медалым щIэбэныну ди лъахэгъу щIалэр финал «цIыкIум» ягъэкIуащ. Абдежым ар щыIущIащ Украинэм и бэнакIуэ Голобродькэ Никитэ икIи Киев къалэм къикIа щIалэм къиIэта зэныкъуэкъум щхьэкIэ, судьяхэм ар зэIущIэм хагъэкIын хуей хъуащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, Мисировыр Австрием ещанэ щыхъуащ.

ТЭМОКЪУЭ Едыдж.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.

28.04.2024 - 09:03

ИНТЕРНЕТ ХАБЗЭНШАГЪЭМ ЗЭГЪУСЭУ ПЭЩIОУВЭ

Каменномост (Къармэхьэблэ) дэт курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ сабийхэр щIэпхъаджащIэхэм ящыхъумэнымрэ интернет напэкIуэцIхэм гъэпцIагъэкIэ хабзэм къе­мызэгъ щрагъэлэжьыным пэщIэтынымрэ ятеухуа зэIущ

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.