СУД ПРИСТАВХЭМ Я ЧЕМПИОНАТЫМ

Урысей Федерацэм и Суд приставхэм я къэрал къулыкъущIапIэм и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэу Хьэкъул Ибрэхьимрэ Гъуэтыж Темыркъанрэ зэуэкIэ спорт лIэужьыгъуэ зэхэтхэмкIэ иджыблагъэ екIуэкIа республикэ зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщахьащ. Иджы абыхэм Iэмал яIэ хъуащ УФ-м и ФСПП-м и чемпионатым и кIэух зэпеуэм хэтыну. 
Къыхэдгъэщынщи, зэхьэзэхуэхэр Олимп мардэхэм тету ирагъэкIуэкIащ – хагъэщIар занщIэу хэкIыу. Я хьэлъагъ елъытауэ спортсменхэр гупийуэ гуэшауэ щытащ. 
Иджы КИФЩI-м и командэ къыхэхам хэту Хьэкъулымрэ Гъуэтыжымрэ щызэуэнущ Мэзкуу къалэм мыгувэу щекIуэкIыну чемпионатым.
БЭВЫКЪУЭ Батокъуэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI