КЪУЭКIЫПIЭ ЖЫЖЬЭМ КЪИКI ХЪЫБАР ГУАПЭ

 «Русский» хытIыгум щыIэ къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ УФ-м и щIыналъэ 59-м я спортсмен 430-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 18-м щIимыгъуауэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр иIэту КъуэкIыпIэ Жыжьэм щыIащ ЗэращIэ Амир икIи и хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупым (кг 92-рэ) етIуанэ увыпIэр къыщихьащ. Зэпеуэм и кIэух зэIущIэр ди щIалэм дригъэкIуэкIащ мэзкуудэс Старцев Мартин икIи бжыгъэр 0:4-уэ ар къытекIуащ.
ЗэращIэр апхуэдэ щIыкIэкIэ хэхуащ Урысейм и щIалэгъуалэ командэ къыхэхам икIи къэралым и щIыхьыр щихъумэнущ Европэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм екIуэкIыну зэпеуэм.
ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI