«Пэжыращ къару зиIэр» хэкупсэ Iуэхум хыхьэу, музейуэ къызэрагъэпэща мафIэгур «Налшык» гъущI гъуэгу вокзалым гъатхэпэм и 9-м къыщрагъэблэгъэнущ.
Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам траухуа гъэлъэгъуэны-гъэм цIыхухэм зыщыщагъэгъуэзэфынущ хэкум къыщыщIагъэкI техникэми Авдеевкэрэ Марьинкэрэ къыщащта дронхэмрэ шэ зыпхымыкI машинэмри.
Мы IуэхумкIэ я мурад нэхъыщхьэр тхыдэр зэрадзэкIыну зэрыхэтым пэщIэтынымрэ Урысейм и дзэмрэ флотымрэ я ехъулIэныгъэхэр къэгъэлъэгъуэнымрэщ.
Мазаем и 23-м, Хэкум и хъумакIуэхэм я махуэм, къежьа мафIэгур вагони 9 мэхъу, абы километр мин 34-рэ къикIунущ икIи Урысейм и къалэ 74-м къыщыувыIэнущ. Хэку зауэшхуэм и зэманым щегъэжьауэ ди цIыхубэм ягъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ щыхьэт техъуэ музейм къыщыхьащ ди махуэхэм къыщIагъэщыжа тхыдэ дэфтэр мымащIи ди къэралым и цIыху цIэрыIуэ куэдым зэрахьа хьэпшыпхэри.
Вагон къэс Iуэхугъуэ щхьэхуэм теухуащ. «Юнармия - нэхъыфIхэм щапхъэ ятыдох» вагоным Урысейм и щIыпIэхэр фIыуэ зэрацIыхумкIэ зэхьэзэхуэхэр, акъыл жанагъкIэ зэпеуэхэр, нэгъуэщI гъэщIэгъуэн куэди щрагъэкIуэкI. Вагонхэм я зым лазер тир къыщызэрагъэпэщащ. Абдеж Калашниковым и автоматыр зэрызэпкъралъхьэ-зэрызэпкърахым зыщыщагъэгъуэзэфынущ.
Урысейм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и мафIэгур Налшык къалэм нэхущым (сыхьэти 5-м) къэсынущ. Абы иращIэкIыну Iуэхухэм щIадзэнущ сыхьэти 10-м. ЦIыхухэм Iэмал яIэнущ абдеж духовой оркестрым щедэIуэну, дзэм къулыкъу щызыщIэну хуейхэм зыщрагъэтхыну, губгъуэм ит зауэлIхэм я шхыныгъуэхэм щыщ зыIуагъэхуэну.
Зэхуэсым кърагъэблэгъэнущ жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэхэр. «Уи ЛIыхъужь» Iуэхум хыхьэу, сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ IуагъэщIэнущ Урысейм и ЛIыхъужьхэмрэ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ.
«Пэжыращ къару зиIэр» хэкупсэ Iуэхур накъыгъэм и 8 пщIондэ къэралым щекIуэкIынущ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.