МЫГЪЭРЕЙ БЭДРЭЖАНЫР КЪРАХЬЭЛIЭЖ

«Чегем-Агро» IуэхущIапIэм иджыблагъэ щызэхэтащ мы гъэм япэу къагъэкIа бэдрэжанхэр къыщIэчын зэрыщIадзэм теухуа зэIущIэ. ЦIыхухэм фIыуэ ялъагъу а хадэхэкIыр щыIуахыжынущ гектар 37,6-м.

Зэхуэсым хэтащ Шэджэм щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Борсэ Юрэрэ хуабапIэхэм хадэхэкIхэр къыщыгъэкIыным хузэтраухуа «Чегем-Агро»-м и унафэщI Берлин Леврэ. Апхуэдэу абы кърагъэблэгъат Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и студентхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ. 
Борсэ Юрэ мэкъумэш IуэхущIапIэм и унафэщIхэм ехъуэхъуащ гъавэ бэв къайхъулIэну, хэхъуэфIхэри яIэну. Абы къыхигъэщащ цIыху 500-м щIигъу «Чегем-Агро» теплицэхэм нобэкIэ зэрыщылажьэр, мазэ хьэкъыу ику иту сом мин 60-м щIигъу къызэрахьыр, и пIалъэми фIамыгъэкIыу къызэрыратыр. А псом къадэкIуэу, IуэхущIапIэм и хэхъуэм щыщ Iыхьэ налог щIыпIэ бюджетым зэрыкIуэри республикэм и зыужьыныгъэм хуощхьэпэ. 
Берлин Лев къызэрыхигъэщамкIэ, агрохолдингым и мурадщ мазаем и кIэм ирихьэлIэу мыгъэрей бэдрэжану тонн 200 кърахьэлIэжыну, абы и нэхъыбэр республикэм и сату щIапIэхэм ирагъэшэну. Япэу къыщIача тонни 5-р ящэхуакIэщ, мыдрей кърахьэлIэжыну зыщыгугъми и уасэм и ныкъуэр щэхуакIуэхэм къыIахакIэщ. 
 

БЭТОКЪУЭ Алыдж.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ