КАВКАЗ МАМЫР

Владикавказ дэт «Манеж» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ XI урысейпсо щэнхабзэ-спорт фестиваль зэIуха. «Кавказ мамыр» зыфIаща зэхыхьэм хэтащ Урысейм и ипщэ щIыналъэхэм, Абхъазым, Осетие Ипщэм къикIа, зи ныбжьыр илъэси 8-м къыщыщIэдзауэ 16-м нэблагъэ спортсмен минрэ ныкъуэм щIигъу.

Зэхьэзэхуэхэр щекIуэкIа махуищым спортсменхэр спорт лIэужьыгъуэ 14-кIэ зэпеуащ - дзюдо, айкидо, дзэ Iэпщэрызауэ, стиль псори щызэхэт каратэ, джиу-джитсу, киокусинкай, кикбоксинг, самбэ, бокс, тхэквондо, масс-рестлинг, нэгъуэщIхэмкIи.

ЗэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм япэ увыпIэр щызыIэрагъэхьащ зэхьэзэхуэм и хэгъэрейхэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхар етIуанэ хъуащ. Домбеякъ медалыр къахьащ Ставрополь крайм и спортсмен ныбжьыщIэхэм.

МЭЗКУУ Къан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.05.2024 - 08:48

БЗЭ ЗИМЫIЭР ЛЪЭПКЪЫНШЭЩ

ХамэщIым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу адэжь лъахэм ­къихьэжа адыгэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр, абыхэм я Iуэху зытетым зыщыгъэгъуэзэныр, я еджэныгъэр зэрекIуэкIым кIэ­лъыплъыныр, я лэжьыгъэр зэрызэте

13.05.2024 - 08:47

IУАЩХЬЭМАХУЭ ДАХА НЫПХЭР

Нэмыцэхэм я лъэсырызекIуэ полкищрэ танк дивизэрэ зэтезыкъутауэ щыта 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэ­тахэр хахуэу щыхэкIуэда Мартыновскэ районымрэ (Ростов щIыналъэм щыщщ) ди республикэмрэ зэпыщ

13.05.2024 - 08:46

ЩIЫХЬЫЦIЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Налшык – зауэлI щIыхьым и къалэщ» выставкэ-зэпеуэр.

13.05.2024 - 08:45

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ И ЩIЫХЬКIЭ

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым щагъэлъагъуэ студент-дизайнерхэм я лэжьыгъэхэр.

12.05.2024 - 09:03

ЛЪАХЭХУТЭ ЗЭПЕУЭ

КъБР-м и Сабий, щIалэгъуалэ творчествэ унэм иджыблагъэ щекIуэкIащ урысейпсо зэIущIэ.