ФЭЕПЛЪ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭСурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музей Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм щагъэлъагъуэ художник Баккуев Владимир къыщIэна лэжьыгъэхэр. «Хасаньинская сюита» зыфIаща а фэеплъ гъэлъэгъуэныгъэм лэжьыгъэ 95-рэ къызэщIеубыдэ. Псэужамэ, Баккуев Владимир и ныбжьыр мы гъэм илъэс 80 ирикъунут. - ЦIыху нэхуу дунейм тета, гу къабзэрэ псэ хьэлэлкIэ зи IэщIагъэм пэрыта Баккуев Владимир къызэрытхэмытыжрэ зы илъэс мэхъу. Абы къыщIэна сурэтхэри, езым хуэдэу, дэрэжэгъуэ къозытщ, - жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуихым. ЦIыхум и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ КъБР-м и уполномоченнэ Зумакулов Борис и псалъэм къыхигъэщащ республикэм щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зыщегъэужьыным абы уасэ зимыIэ хэлъхьэныгъэфI зэрыхуищIар, ар и ныбжьэгъушхуэу зэрыщытари насыпу къызэрилъытэр. КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Каныкъуэ Жаннэ жиIащ Владимир зыгъэгуфIэу е зыгъэгузавэу щытахэр и лэжьыгъэхэм зэрыщынэрылъагъур. Илъэс куэдкIэ Баккуевыр зыцIыхуа художник Сурхайханов Ибрэхьим жиIащ апхуэдэу цIыху нэсу икIи сурэтыщI Iэзэу щытар зэи зыщыбгъэгъупщэ зэрымыхъунур. Музейм и къудамэм и унафэщI Леонтьевэ Нинэ и гуапэу къыхигъэщащ художникым и унагъуэм абы къыщIэна лэжьыгъэхэм ящыщ зыбжанэ я музейм, зы лэжьыгъэ Елабугэ и музейм тыгъэ зэрыхуащIыр. Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым и унафэщI Жангуразов Мэжит жиIащ театрым и художник нэхъыщхьэу лэжьа Баккуев Владимир Iуэху дэпщIэну тыншу зэрыщытар игу къызэринэжар. КъБР-м и Шэрэдж район администрацэм и лIыкIуэ Байсиев Хьэрун и псалъэм къыхигъэщащ сыт хуэдэ жанрри сурэтыщIым къехъулIэу зэрыщытар, ар щыпсэуа щIыналъэм исхэм абы и фэеплъым пщIэ зэрыхуащIыр. - Владимир псэунущ и лэжьыгъэхэр дгъэлъэгъуэху, и цIэр дигу къэдгъэкIыжыху, - аращ жаIэр ар зыцIыхуу щытахэм. СурэтыщIым и щхьэгъусэ КIулинэ фIыщIэ яхуищIащ выставкэм къекIуэлIахэм, ар къызэзыгъэпэщахэм, абы къыщыпсэлъахэм.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|