Котляров Виктор и ныбжьыр илъэс 70 ирокъу
Котляров Виктор Николай и къуэр жэпуэгъуэм и 17-м 1952 гъэм Налшык къыщалъхуащ. 1970-1975 гъэхэм щеджащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. Ар къиуха иужь, «Советская молодежь» газетым щылэжьащ (1982 гъэ хъуху), япэщIыкIэ корреспонденту, итIанэ редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу. 1982-1988 гъэхэм – КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэщIым и къуэдзэщ, 1991-1992 гъэхэм – «Республика» газетым и редактор нэхъыщхьэщ. 1992 гъэм щыщIэдзауэ «Эль-Фа» тхылъ тедзапIэм и унафэщIу щытащ, 1999 гъэм щегъэжьауэ «Полиграфсервис и Т» (2005 гъэм «Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэ» хъуащ) тхылъ тедзапIэм , урысыбзэкIэ къыдэкI «Эльбрус» журналым (1989 гъэ лъандэрэ) я редактор нэхъыщхьэщ.
УФ-м и Журналистхэм я союзым (1975), ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм (1998) хэтщ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналистщ, ЩIДАА-м и академикщ (2010). «Имена. Времена» зыфIища тхылъхэм папщIэ 2003 гъэм къыхуагъэфэщащ ГъуазджэхэмкIэ европей академием (Брюссель) и дамыгъэ нэхъыщхьэр, 2007 гъэм ди республикэм и ЩIыхь тхылъыр къратащ.
Зэщхьэгъусэхэм я тхылъ тедзапIэр
Котляров Виктор и махуэр нобэ игъэлъапIэми, абырэ и щхьэгъусэ Мариерэ я гугъу щхьэхуэ-щхьэхуэу пщIыну къезгъэзэгъыркъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а тIум зы лэжьыгъэ зэдащIэ къудейкъым, гъащIэм ехьэлIауэ жыпIэми, зым Iэпыхур адрейм къищтэжущ зэрыпсэухэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрми нэгъуэщI щIыналъэхэми Викторрэ Мариерэ къыщацIыху ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэм, этнологием, цIыху цIэрыIуэхэм ятеухуа я IэдакъэщIэкIхэмкIэ. Тхылъ тхыным, къыдэгъэкIыным ахэр илъэс 30 хъуауэ толажьэ. Я япэ тхылъхэр 1992 гъэм и накъыгъэ мазэм, 1905 гъэм щыIа Революцэм и цIэр зезыхьэ Республикэ полиграфкомбинатым хыхьэ «Эль-Фа» тхылъ тедзапIэм къыщыдагъэкIауэ щытащ. Илъэсиблым къриубыдэу тхылъ 300-м щIигъу ящIат, абыхэм ящыщу «Кавказ литературэ-тхыдэ Олимп» (КЛИО) серием хыхьэхэр 30-м щIегъу.
1999 гъэм Мариерэ Викторрэ къызэIуахащ езым я тхылъ тедзапIэ, «Полиграфсервис и Т» зыфIащар, абы дэщIыгъуу «Эльбрус» журналыр урысыбзэкIэ къыдагъэкIыу щIадзащ. Тхыгъэхэр къэщыпыным щегъэжьауэ тхылъыр гъэщIэрэщIэным деж щыщIэкIыжу лэжьыгъэ псори зыгъэзащIэр цIыхуитху къудейщ. Абыхэм яхузэфIэкIащ тхыгъэ купщIафIэхэр зэрыт, дахэ дыдэу гъэщIэрэщIа тхылъу 700-м щIигъу илъэсипщIым къриубыдэу къыдагъэкIын. 2006 гъэм къыщыщIэдзауэ IуэхущIапIэм зэреджэр «Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэщ».
Лэжьыгъэ 50-м щIигъу зэдатхащ Котляров зэщхьэгъусэхэм. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, усакIуэхэу ЩоджэнцIыкIу Алий, Мечиев Кязим, щIэныгъэлI Лъостэн Владимир, сурэтыщI КIыщ Мухьэдин, нэгъуэщIхэми ятеухуа тхылъхэр, «Родной ландшафт» серием хыхьэ буклет 11-р, «Кабардино-Балкария: природная жемчужина» серием щыщ сурэт альбомхэр, нэгъуэщI куэди.
Абыхэм я зэфIэкIым, я лэжьыгъэм пэджэж тхыгъэхэр мымащIэу щыIэщ, зэщхьэгъусэхэм щэнхабзэм хуащIа хэлъхьэныгъэм куэдым гу лъатащ. Апхуэдэ тхыгъэхэм кIэщIу къыхэтхащ мы къыкIэлъыкIуэнухэр, зи махуэр зыгъэлъапIэ нэхъыжьыфIым зэман зэхуэмыдэхэм къыхужаIахэр иджыри зэ зэхихмэ и гуапэ хъуну дыщыгугъыу. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Котляров Виктор и гугъу зыщIахэм яхэтщ дунейм ехыжахэр, ауэ псалъэ гуапэхэм, шэрыуэхэм я мыхьэнэр зэманым дэужьыхакъым.
КЪАНОКЪУЭ Арсен, УФ-м ФедерацэмкIэ и советым и сенатор: - Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэм, щIыналъэм, этнографием теухуауэ Котляров зэщхьэгъусэхэм къыдагъэкI литературэм псалъэ гуапэ куэд хуэфащэщ. Абыхэм я IэдакъэщIэкI тхылъу щэ бжыгъэхэр дунейм къытехьащи, дэтхэнэ зыми адыгэхэм, балъкъэрхэм, ингушхэм, осетинхэм, шэшэнхэм я дуней тетыкIэм дыщагъэгъуазэ икIи къыдгурагъаIуэ лъэпкъ цIыкIу зэрыщымыIэр. Лъэпкъхэм я макъ зэхэтхын, зыр зым къы-зэрыщхьэщыкIыр тлъагъун, я щэнхабзэм пщIэ хуэтщIын хуейуэ аркъудейщ.
Котляровхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыху пажэхэщ: мыбы къыщалъхуащ, къыщыхъуащ, республикэмрэ абы и цIыхухэмрэ фIыуэ ялъагъуу мэлажьэ. ПщIэ хуэщIыпхъэщ лъэпкъхэм я цIыху пэрытхэм гъэхуауэ, гулъытэшхуэ хуащIу зэрытетхыхьым. Апхуэдэ щытыкIэращ тэмэмри, сыту жыпIэмэ зэгурыIуэныгъэ зэрымылъ Урысейр къэрал лъэщ икIи зэкъуэт хъункIэ Iэмал иIэкъым. Аращ Мариерэ Викторрэ я IэдакъэщIэкIхэм я нэхъыбэр ди щэнхабзэм и фIыпIэхэм ящыщ щIэхъуар.
ДЭХЪУШОКЪУЭ Мусэ, жылагъуэ лэжьакIуэ: - Журналистикэм, литературэм, тхылъ къыдэгъэкIыным ехьэлIауэ абыхэм яхузэфIэкIар республикэм щыпсэухэм ди напщIэм телъыпхъэу къызолъытэ. IэдакъэщIэкIхэм щхьэхуэу я гугъу сщIынкъым - абыхэм тепсэлъыхьыфын щIэныгъэлIхэри ди мащIэкъым.
Виктор! Марие! Фи гум фIы илъу фызэлэжь тхылъхэр Кавказым щыпсэу лъэпкъхэр зэкъуэтыным, республикэм зэгурыIуэ илъыным и лъабжьэу си щхьэкIэ къысщохъу. Аращ дэтхэнэ зыри зыхущIэкъун хуейр, Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм къыхэкIыу ар иджыпсту нэхъ дызыгъэпIейтей, зыхэтщIэ хъуащ.
Зыр зым кIэлъыкIуэу дунейм къытехьэ фи тхылъхэм къагъэлъагъуэ фызэрылэжьакIуэшхуэр, абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми фи псэм щыщ Iыхьэ зэрыхэфлъхьэр. Мис а Iуэху бгъэдыхьэкIэм фыкъытемыкIыу иджыри куэдрэ фылэжьэну си гуапэщ.
ТХЬЭЗЭПЛЪ Хьэсэн, тхакIуэ: - Котляровхэ Мариерэ Викторрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, нэгъуэщI щIыналъэ куэдми къыщацIыху, я зэфIэкIыр къыщащIэ. Лъэпкъым и цIыху пажэхэм абыхэм хуэдэу купщIафIэу, гъэхуауэ тетхыхь къэгъуэтыгъуейщ. «Адыги: сердца и судьбы», «Я тот, кто будет…», «Ты создал мир. И он велик», «Ладони протяни к огню души моей…» тхылъхэр ГъуазджэхэмкIэ европей академием и дунейпсо зэхьэзэхуэм щытекIуэри дыщэ медалри къыхуагъэфэщащ. Лъэпкъ цIыкIухэм я псэкупсэ беягъхэр утыку къызэрырахьам, абыхэм къахэкIа цIыху пажэхэр гъэлъэпIэным хуэгъэза Iуэху зэращIам къыхэкIащ апхуэдэ гулъытэр.
ЭФЕНДИЕВ Сэлихь, философие щIэныгъэхэмкIэ доктор: - Котляров зэщхьэгъусэхэм я тхылъ къэпщтамэ, пхуэмыгъэтIылъыжу щIыбоджыкI, напэкIуэцIхэм къытебгъэзэжурэ уроплъэ, тхыгъэхэр зытеухуахэр нэIуасэ дыдэ пхуохъу. Апхуэдэ лэжьыгъэхэм ящыщ зыщ Мечиев Кязим теухуар. А цIыху къызэрымыкIуэм и дуней тетыкIамрэ и хьэл-щэн нэсымрэ абыхэм наIуэу дагъэлъагъуфащ. Ар Викторрэ Мариерэ къащIехъулIар лэжьыгъэм гумызагъэу зэрыбгъэдэтырщ.
ГЪУТ Iэдэм, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор: - Куэд щIауэ пцIыху лIыхъужьхэр апхуэдизкIэ пэжагъ ин хэлъу, куууэ къагъэлъагъуэри, абыхэм я дуней тетыкIэмрэ я Iуэху зехьэкIэмрэ умыщIэ гуэрхэр хэлъу къыщIокIри богъэщIагъуэ, ахэр нэсу къызгурыIуащэрэт жыуагъэIэ. Апхуэдэущ ЩоджэнцIыкIу Алий, Мечиев Кязим, Лъостэн Владимир сымэ, нэгъуэщIхэми ахэр зэрытетхыхьар.
Си дежкIэ гуапэщ, ди республикэм къыщалъхуами, нэгъуэщI лъэпкъым къыхэкIа Котляровхэ Мариерэ Викторрэ си хэкуэгъу цIыху цIэрыIуэхэр зэраIэтыр, дуней псом къыщрагъэцIыхуну яужь зэритыр. «Ты создал мир. И он велик», «Я тот, кто будет…», «Ладони протяни к душе моей…», «Адыги: сердца и судьбы» тхылъхэр ахэр зытратхыхьа цIыхухэм, адыгэхэм папщIэ куэд зыщIахэм, ди тхыдэм зи лъагъуэ щыпхызышахэм яхуэфащэщ.
СМИРНОВЭ Наталье, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор: - Щэнхабзэр нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ абы хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIахэм, и щытыкIэ телъыджэхэр зыубзыхуахэм пэщхьэхуэу. Апхуэдэ дыдэуи къалэн ин ягъэзащIэ нэгъуэщIхэм къагъэщIар хъумэныр зи пщэрылъу къэзылъытэхэм. Котляровхэ Викторрэ Мариерэ - ар щэнхабзэ фIыгъуэхэм я хъумакIуэ емызэшыжщ. Пэжыгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ, щIэныгъэм, гъуазджэм, щэнхабзэм хуэлажьэхэмрэ абыхэм я IэдакъэщIэкIхэмрэ хъумэныр, а псом хуэсакъыныр абыхэм я гъащIэ Iуэху хъуащ. Абы хузэфIокI «мыбдеж, иджыпсту» щыпсэун, апхуэдэуи илъэсипщI бжыгъэкIэ, уеблэмэ лIэщIыгъуэкIэ зэIэбэкIыжу абы щыгъуэ щыIа гъащIэм «къыдэгъуэгурыкIуэфын». Гупсысэ лъагэхэмрэ къызэрыгуэкI Iуэхухэмрэ телъыджэу щызэщIожьыуэ абыхэм я дунейм. Тхылъхэм зи гугъу щащI Iуэхухэр ящымыгъупщэу ящIэнырщ, иринэщхъеинырщ, иригушхуэнырщ я къыхуеджэныгъэ нэхъыщхьэр. Зэщхьэгъусэхэм зэдатха тхылъхэр мыхъумыщIагъэм гущыкI хуозыгъэщIщ, лъагъуныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ укъыхуезыджэщ.
БИТТИРОВЭ Тамарэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор: - Сыт лъэпкъхэр зэгъунэгъу зыщIыр, абыхэм я кум пщIэ, къуэш зэхущытыкIэ дэлъыным и лъабжьэр? Псом нэхърэ нэхъыщхьэр, сэ къызэрысщыхъумкIэ, зым и щэнхабзэм адрейр щыгъуэзэнырщ. Щэнхабзэм и бзэращ зэгурыIуэныгъэм ухуэзышэр. Аращ Котляровхэ Мариерэ Викторрэ зытелажьэр. Зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI цIыхухэм я IэдакъэщIэкIхэм ди щэнхабзэр къагъэбеящ.
Котляров зэщхьэгъусэхэр си нэIуасэщ зэрыстудент лъандэрэ. Марие къыщысцIыхуам щегъэжьауэ цIыху пэжщ, цIыху къабзэщ, Виктор усыгъэр фIыуэ илъагъуу, гъащIэм и мыхьэнэр къилъыхъуэу щытащ. Илъэсхэр кIуэурэ, ахэр литературэм хуэIэижь цIыху хъуахэщ, тхылъ куэди дунейм къытрагъэхьащ. Гуапэщ я щIалэгъуэм яхэлъа хьэл-щэн дахэр нобэми абыхэм къазэрыдэгъуэгурыкIуэр.
Мариерэ Викторрэ - тхыдэджымрэ литераторымрэ - зым и зэфIэкIым адрейм дыщIигъужу апхуэдэщ. Я щIэныгъэр, щыпсэу щIыналъэм хуаIэ лъагъуныгъэр абыхэм сэбэп къахуохъу гъащIэшхуэ къызыпэщылъ тхылъхэр ятхынымкIэ.
КУЗЬМИН Валентин, тхакIуэ: - Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я IуэхущIапIэм къыщыдэкI тхылъхэр пIыгъыну гухэхъуэщ, щIэбджыкIыну гугъэзагъэщ, зыхуей хуэзэу зэрытрадзам уи гукъыдэжыр къеIэт. Ахэр адыгэ, балъкъэр лъэпкъхэм я щIэныгъэм, щэнхабзэм, гъуазджэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа цIыхухэм зэрытеухуам егъэлеяуэ ущогуфIыкI. Тхыдэджхэмрэ этнографхэмрэ, ди хэкуэгъухэм я щхьэм кърикIуар къызыфIэIуэху дэтхэнэми я дежкIэ ахэр хъугъуэфIыгъуэ инщ.
ЩIэныгъэ лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса, тхыдэм, литературэм, бзэщIэныгъэм, экономикэм, медицинэм теухуа монографиехэр, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм я гукъэкIыжхэр зэрыт, роман, повесть, усыгъэ тхылъу щэ бжыгъэхэр къыщыдэкIащ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм. Ярэби, псори мы зэрыжаIэм хуэдэ дыдэу фIыуэ пIэрэ? - жызыIэни щIэджыкIакIуэхэм къахэкIынщ. Пэжщ, ныкъусаныгъэ гуэрхэри щыIэщ, ауэ ахэр мащIэ дыдэщ икIи нобэ жытIэну и зэманкъым. ПцIы зыхэмылъыр зыщ: Котляров зэщхьэгъусэхэр хьэрычэтыщIэу жыпIэ хъунуми, къыщыпкIыу къулейкъым, машинэ лъапIэхэм искъым, унэшхуэ яIэу щыпсэукъым, банкхэм ахъшэ хъушэ щахъумэуи си фIэщ хъуркъым. Я ныбжьэгъу пэжыр цIыхум и хъугъуэфIыгъуэ нэхъ ин дыдэ тхылъращи, абы Мариерэ Викторрэ хуолажьэ хьэлэлу.
Зыгъэхьэзырар СОМГЪУР Синэмисщ.