Налшык къалэм щекIуэкIащ 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м къэхъуауэ щыта гузэвэгъуэшхуэм теухуа пэкIу. Хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэу абы щыгъуэ хэкIуэдахэм я фэеплъым КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек удз гъэгъахэр трилъхьащ.
Фэеплъ зэхуэсым хэтащ жылагъуэ лIыкIуэхэр, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр.
«Зыми хуэбгъэгъу мыхъуну а щIэпхъаджагъэр илъэс 17 хъуа-уэ гуауэшхуэу псоми ди псэм телъщ. Дэ хэкIуэдахэм ди щхьэр лъахъшэу яхудогъэщхъ, республикэр террористхэм ящызыхъумауэ щытахэм я лIыхъужьыгъэм пщIэ худощI. Террористхэмрэ ахэр къызыкъуэгушхукIхэмрэ я гущIэгъуншагъэмрэ щIэпхъаджагъэмрэ гъунапкъэ зэримыIэр ноби ди нэгу щIокI. Абы и щыхьэтщ дунейм и щIы- пIэ куэдым, ди къэралри яхэту, къыщыхъу хьэкIэкхъуэкIагъэхэр. Апхуэдэщ Киев тепщэныгъэр щызыIыгъхэм зэхащIыхьхэр. Дэ псоми ди къалэнщ террористхэр тегушхуэныгъэ тхэлъу зэтеткъутэну. Властым и органхэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм, зэрыщыту цIыхубэм ди къарур зэдгъэуIумэщ а цIыхугъэншагъэм дыщыпэлъэщынур, мамырыгъэ ди щIыналъэм щызэтедгъэувэфынур», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек къызэхуэсахэм захуигъазэри.
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Павлов Василий пэкIум кърихьэлIахэм ягу къигъэкIыжащ хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэм я лIыхъужьыгъэм и фIыгъэкIэ Налшык къытеуахэр зэрызэтракъутар. Ауэ IэщэкIэ зэщIэузэда бандитхэм абы щыгъуэ хабзэм и хъумакIуэу 35-рэ яIэщIэкIуэдащ. «Абыхэм я щIыхькIэ къэрал властым и органхэм я дэIэпыкъуныгъэкIэ республикэм фэеплъхэр щагъэув, лIыхъужьхэм я цIэхэр школхэмрэ уэрамхэмрэ фIащ, хэкIуэдауэ щыта ди лэжьакIуэхэм я унагъуэхэм сытым дежи муниципальнэ властхэм дэIэпыкъуныгъэшхуэ ират», - къыхигъэщхьэхукIащ Павлов Василий.