КъБР-м и Парламентым и бжьыхьэ лэжьэгъуэм зэрыщIадзэ зэIущIэр фокIадэм и 29-м ирагъэкIуэкIащ. Зэрыхабзэу, ар депутатхэм къызэIуахащ Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ я къэрал гимнхэмкIэ.
ЗэIущIэм щыхахащ зэзыгъэкIуж хеящIэхэм я къулыкъур зыхуагъэфащэхэр. Апхуэдэу Налшык суд IуэхущIапIэ №14-м ягъэуващ Апажэ Тамарэ, Бахъсэн районым и суд IуэхущIапIэ №4-м - Ащхъуэт Мадинэ, Шэджэм районым и суд IуэхущIапIэ №3-м - КIагуэ Джульеттэ, Прохладнэ районым и суд IуэхущIапIэ №1-м - Носовэ Светланэ, Аруан районым и суд IуэхущIапIэ №3-м - Лъэпщокъуэ Хъусен. КъБР-м и Парламентым и депутат Абрэдж Iэдиб езым и лъэIукIэ и къалэнхэр щхьэщахащ.
Депутатхэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ хэхыныгъэхэмрэ референдумхэмрэ ятеухуа республикэ закон щхьэхуэхэм, «КъБР-м и муниципальнэ IэнатIэхэм ехьэлIауэ» законым и етIуанэ гуэдзэным, «КъБР-м мафIэс шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным и IуэхукIэ» КъБР-м и Законым и 3-нэ Iыхьэм, «КъБР-м ис хьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэм теухуауэ» КъБР-м и Законым.
Депутатхэм къащтащ «КъБР-м и ЩIы кодексым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» КъБР-м и законым и проектыр. Абы къыщагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэшым хухаха и щIыпIэхэм унэхэр иращIыхьыну хуитыныгъэ зэрамыIэр.
«ЩIыщIагъ фIыгъуэхэм ятеухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 41-м КъБР-м и Правительствэм щигъэбелджылащ жыг хадэ зезыхьэ, мыкоммерцэ зэгухьэныгъэхэм щIыщIагъ фIыгъуэхэмрэ псыхэмрэ къагъэсэбэпыну зэрыхуит щIыкIэр.
ЗэIущIэм арэзы щытехъуащ «КъБР-м и автомобиль гъуэгухэм ятеухуауэ» КъБР-м и законым и Iыхьэ 14-м», «Егъэджэныгъэм ехьэлIауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 13-м», «КъБР-м и Архив IэнатIэм ехьэлIауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 14-м» зэхъуэкIыныгъэхэр яхэлъхьэным и IуэхукIэ» республикэм и законопроектхэм.
ЗэIущIэм щедэIуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюджетыр 2022 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм зэрагъэзэщIам. КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ зэрыжиIамкIэ, республикэм и хэхъуэр сом мелард 27,7-рэ хъуащ, налогхэмрэ нэгъуэщI хэхъуэхэмрэ процент 52-кIэ ягъэзэщIащ (псори зэхэту сом меларди 7,1-рэ мэхъу).
- Налог хэхъуэхэр сом мелуан 733-кIэ нэхъыбэ хъуащ 2021 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм щыIам нэхърэ. Къапщтэмэ, налог лIэужьыгъуэ псомкIи хэхъуэхэр диIэщ. Налогым щымыщ хэхъуэхэр сом мелуани 167,1-кIэ нэхъыбэщ, зымыгъэзэж хэхъуэр сом мелард 20,7-рэ мэхъу, - жиIащ Лисун Еленэ. - Республикэ бюджетым къыщыгъэлъэгъуар процент 48-кIэ дгъэзэщIащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, сом мелард 27,5-рэ къэдгъэсэбэпащ. Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэмрэ псэукIэр егъэфIэкIуэнымрэ яхуэгъэзауэ щытащ сом мелард 21,4-р. 2022 гъэм бадзэуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу щIыналъэм телъ къэрал щIыхуэр сом меларди 7,4-м ноблагъэ.
Депутатхэр тепсэлъыхьащ медицинэ, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэхэм хухах ахъшэр зыхуэдизым, сабий зеиншэхэр унэкIэ къызэгъэпэщыным ехьэлIа Iуэхухэр зэрагъэзащIэм, нэгъуэщIхэми.
БАГЪЭТЫР Луизэ.