ГЪАЩIЭ ЗИ КIЫХЬАГЪ ЛЭЖЬЫГЪЭ

ЩыIэщ цIыху зэпIэзэрытыщэхэр, я лэ­жьыгъэкIи, я IуэхущIафэкIи, я унагъуэкIи. Апхуэдэхэр гъащIэ гъуэгум ирокIуэ ­гулъытэ лей хуэмейуэ, щытхъу псалъэхэм зыщадзейуэ, зыпэрыт IэнатIэми гукъанэ лъэпкъ щызыхурамыгъэщIу. Зы лэжьыгъэм илъэс пщIы бжыгъэкIэ пэрытхэри яхэтщ абыхэм, я зэпIэзэрытыгъэм и щыхьэту. Апхуэдэхэм унагъуэ дахи яхуо­ухуэ, я шыIэныгъэм, щабагъэм, гъэсэныгъэм и щыхьэту… Зи гугъу сщIа псори, иджыри нэгъуэщI Iэджи хужыпIэфынущ къалэмыр нобэ къызыхуэсщта бзылъхугъэм - Насып Риммэ Къасым и пхъум.

ЦIыхум хэлъым и нэхъыбэр къы­хэ­зылъхьэр адэ-анэр арауэ зэрыщытым шэч хэлъкъым. Риммэ къэзылъхуахэр Хэку ­зауэшхуэм зи сабиигъуэр илъыпщIахэм, ­гугъуехьым къыщIэтэджахэм ящыщ цIыху лэжьакIуэт, гъащIэ и пIалъэ ящIэрт, бын гъэсэкIэми мыIейуэ щыгъуазэт. Къасым илъэс 46-кIэ пэрытащ мэкъумэш IэнатIэм, къызэрыгуэкI лэжьакIуэм щыщIэдзауэ уна­фэщIым нэсыху. Узыншагъэр хъумэнырщ Женэ илъэс 30-кIэ зытелэжьар. Я къалэнхэм жэуаплыныгъэ пылъу зэрахущытам, лэжьыгъэм щызыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм, зыхэтым пщIэ къыхуащIу, къечэнджэщу, щапхъэ къытрахыу къызэрыгъуэгурыкIуам я щыхьэту, Къасымрэ Женэрэ мызэ-мытIэу ягъуэтащ гулъытэ, къэралым, республикэм я министесртвэхэмрэ ве­домствэхэмрэ я щIыхь тхылъхэр къыхуа­гъэфэщащ. 
БыниплI - Мухьэдин, Риммэ, Маритэ, Маркидон - зэдапIащ, гъащIэм лъэ быдэкIэ ­хагъэуващ, унагъуэу ягъэтIысыжащ Насып зэщхьэгъусэхэм. Къасымрэ Женэрэ мып­сэужми, я бынхэм хуэсакъыу яхъумэ абы­-хэм я фэеплъыр. Ахэр ящIыгъуу къазэры­щы­хъур бынхэм къадоIэпыкъу я напэр къабзэу псэунымкIэ, губзыгъэу я лэжьыгъэ Iэ­натIэм пэрытынымкIэ. Адэ-анэр пIэщIэкIа иужьщ лъапсэр зы жэнэт унапIэу зэрыщы­-тар щызыхэпщIэр. 
Бынхэм я етIуанэ Риммэ, адыгэ хабзэ ткIийм щIапIыкIа хъыджэбзыр, жэуаплы­ныгъэшхуэ пылъу сыт хуэдэ Iуэхуми пэ­ры­хьэрт, дэтхэнэри дагъуэншэу и зэманым зэ­рызэфIихынум яужь итт икIи къехъулIэрт. Адэ-анэм къыхалъхьа а хьэлыфIхэр еджапIэхэми гъащIэми сэбэпышхуэ къыщыхуэ­хъуащ. И шыпхъу, дэлъху нэхъыщIитIыр зыхуей хуэгъэзэн къалэн мытыншри и пщэ дилъхьэрт Риммэ, и анэм зыгуэркIэ зыщIигъакъуэмэ, и гуапэ ищIмэ фIэфIу.
Дэтхэнэ цIыхубзми иIэщ Iэмал езым и ­гъащIэмрэ жылагъуэ Iуэхумрэ, лэжьыгъэ IэнатIэмрэ унагъуэ насыпымрэ зыкIэлъигъэ­кIуэну. Абы щхьэкIэ Iущыгъэ, акъыл псы­хьа, зэфIэкI ббгъэдэлъын хуейуэ аращ. А псоми пэлъэщащ Риммэ. Курыт еджапIэ нэужьым ар щIэтIысхьащ Тэрч дэт мэкъу­мэш тех­никумым бухгалтер учётымкIэ и ­къудамэм. Ар къыщиухым ят экзаменхэм зыкърагъэхьэлIат КъБР-м Мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIхэм. Экзаменым зи щIэныгъэкIэ къыщыхэжа­ныкIахэм ящыщт Насып Риммэ. Зэман дэкIри абы къыIэрыхьащ министерствэм и бухгалтерием щылэжьэну зэрырагъэблагъэмкIэ тхылъ. 1977 гъэм и фокIадэ мазэм илъэс 19 фIэкIа мыхъу Риммэ и лэжьэкIэр зы мазэкIэ ягъэунэхуну къащтащ, а пIалъэр дэкIри IэнатIэкIэ къызэрызрагъэпэщам и тхылъыр къыхузэIуахащ. Нобэр къыздэсым Риммэ и тхылъым итыр зыщ: «Бухгалтер нэхъыжь. КъБАССР-м и Минсельхоз» - илъэс 45-рэ зи кIыхьагъырщ. Лажьэурэ а унэтIы­ныгъэ дыдэмкIэ абы къиухыжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал академиер. 
Шынэрэт а 1977 гъэм Риммэ? Ахьей шы­нэрэт. АфIэкIа ныбжь зимыIэ хъыджэбзыр жэуаплыныгъэ зыпылъ IэнатIэм, ущыщы­уэнкIэ Iэмал зимыIэм ягъэуват. И япэ лъэ­бакъуэхэр игу къыщыкIыжкIэ, Риммэ фIыщIэ псалъэхэр яхужеIэ абы щыгъуэ къы­дэIэпыкъуахэм. Псом хуэмыдэжу лэжьыгъэм хэзыгъэсыхьа и щIэгъэкъуэн Хьэпэ ­Лалу. ИщIэу хъуам хуигъэсат абы бзылъхугъэ цIыкIур. Апхуэдэуи Риммэ яхуэарэзыщ илъэс куэд щIауэ зыдэлажьэ, игъэныб­жьэгъу и лэжьэгъухэм. Бухгалтер нэхъыщхьэ Абазэ Риммэрэ абы и къуэдзэ Жырыгъу ­Маринэрэ пэжкIэ къызэрыбгъэдэтым, сыт хуэ­дэ Iуэхури къызэрыдаIыгъынум шэч къыт­рихьэркъым Насыпым. 
Илъэс 45-м къриубыдэу зы гугъуехьи хуэ­мызауэ жыпIэныр, дауи, щхьэгъэпцIэжщ. Ауэ дэтхэнэми фIэкIыфащ и щIэныгъэр, унагъуэм щигъуэта гъэсэныгъэр, и цIыху щIыкIэр и тегъэщIапIэу. КъБР-м Мэкъумэш IэнатIэхэмкIэ и министерствэм бухгалтер учётымрэ отчётымкIэ и къудамэм и чэнджэщакIуэу лажьэкIэрэ, нобэми ахэращ и гъащIэ гъуэмылэр. Ар и IэнатIэм жэуаплыныгъэшхуэ пылъу, хьэлэлу зэрыщылажьэм и щыхьэтщ абы зэи дагъуэ къызэры­хуа­мыщIар, зы пщэдджыжьи къызэры­кIэ­ры­мыхуар, зы щауагъи зэрыIэщIэмыкIар. 2013 гъэм Дунейпсо Артийскэ комитетым абы къыфIищащ «Илъэсым и бухгалтер» цIэ ­лъапIэр, УФ-м, КъБР-м Мэкъумэш IэнатIэхэмкIэ я министерствэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм я ЩIыхь тхылъхэр къыхуагъэфэщащ. 
Риммэ лэжьэн щIэзыдзагъащIэхэм ядэ­Iэпыкъун фIэфIщ. ШыIэ зыхэмылъхэм шы­Iэныгъэ къахуигъуэту, зы мащIэри гущIыхьэ зыщыхъухэм гуапэу яхущыту, пхъашэхэм къапекIуэкIыу апхуэдэщ ар.
Насыпу щыIэм я къигъэхъуапIэр унагъуэращ. Риммэрэ абы и щхьэгъусэ КIуащ Хьэсэнрэ (Старэ Шэрэдж щыщщ) КъБР-м и Правительствэм и Унэм щызэхуэзауэ ­щытащ. Зы илъэсым - 1977 гъэм - тIури уват абы лэжьакIуэ - Хьэсэн хъумакIуэ IэнатIэм, Риммэ бухгалтеру. Зэман дэкIри, абыхэм унагъуэ зэдаухуащ, бынитI - я къуэ Лиуанрэ япхъу Лианэрэ - зэдагъуэтащ, гъащIэм лъэ быдэкIэ хагъэуващ. Лиуан медицинэ IэщIагъэ нэхъыщхьэ иIэщ, республикэм фIыуэ къыщацIыху хьэрычэтыщIэщ. Лианэ и анэм и лъагъуэм ирикIуащ, и IэщIагъэкIэ экономистщ, зы къуэрэ зыпхъурэ иIэу унагъуэ ­дахэщ. И бынхэм я быныжхэм ядэна­сыпыфIэщ Риммэ. И нысэ Татьянэрэ и ­малъхъэ Эльдаррэ зыхалъхьэ щыIэкъым ­КIуащхэ я унагъуэм. 
Риммэ жиIэ зэпытщ и щхьэгъусэм зэрифIыщIэр и ехъулIэныгъэхэр. Лэжьыгъэм къы­зэрыдэмыхуэм къыхэкIыу, куэдрэ къэ­хъурт благъэ-Iыхьлыхэм я Iуэхухэм щы­хэмытыф, махуэшхуэхэм ирихьэлIэу сабий садым, школым щащI зэIущIэхэм щримыхьэлIэ. А псор абы щхьэщихырт Хьэсэн. Нобэ а къалэныр егъэзащIэ унагъуэм и ­щIэгъэкъуэн нэс хъуа я къуэ Лиуан. ЖыпIэнурамэ, унагъуэм илъ лъапIэныгъэхэр адэ-анэм деж къыщожьэ, адэкIэ бынхэм ягъэ­кIуатэ. А лъапIэныгъэхэр илъщ Хьэсэнрэ ­Риммэрэ я унагъуэм, бзылъхугъэр нэхъри нэхъ насыпыфIэ, къарууфIэ, Iущ ящIу. 

 

ИСТЭПАН Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.