Лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIыр къапщытэ

КIуэкIуэ Казбек мы махуэхэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Бахъсэн къалэм, Бахъсэн, Прохладнэ районхэм. А щIыналъэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр и гъусэу абы къипщытащ егъэджэныгъэ IэнатIэм, гъуэгу ухуэныгъэм, псыкIэ цIыхухэр къызэгъэпэщыным епха лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIыр.

 

Бахъсэн къалэм республикэм и унафэщIыр щыкIэлъыплъащ абы щыIэ курыт школхэу ещанэмрэ еплIанэмрэ ухуэныгъэ-зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр зэрыщекIуэкIым. А IуэхущIапIэхэр зыхуей ирыхуагъэзэжыну хуаутIыпщауэ щытащ сом мелуани 180-м щIигъу. Школхэр сыт и лъэныкъуэкIи зэрагъэпэщыж. Лэжьыгъэхэм хеубыдэ инженер коммуникацэхэр хъуэжыныр, унэхэм я щIыбри, я кIуэцIри зехьэныр, зыхуей-зыхуэныкъуэ унэлъащIэкIи къызэгъэпэщыныр. ЩIыналъэм хиубыдэ Дыгулыбгъуей жылэм фокIадэм и пэщIэдзэм щызэфIэкIынущ и уэрам нэхъыщхьэхэм ящыщыр зыхуей хуэгъэзэжыныр. Абы трагъэкIуэдэнущ сом мелуан 72-м нэс.

Прохладнэ щыщыIам КIуэкIуэ Казбек къипщытащ къалэм дэт курыт школ №42-м зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр зэрыщекIуэкIыр. Ар Хэку зауэшхуэм ипэкIэ яухуауэ щытащ. Зэгъэпэщыныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр иужьрейуэ щыщрагъэкIуэкIар 1963 гъэра-ти, IуэхущIапIэр хуабжьу хуэныкъуэт абыхэм. УФ-м и Президентым къыхилъхьа программэу къэралым и еджапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным теухуам къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэм я фIыгъэкIэ школым лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкIащ. Абы щахъуэжащ инженер коммуникацэхэр, и щIыбкIи, и кIуэцIкIи зыхуей хуагъэзащ, унащхьэр щIэуэ тралъхьащ, бжэщIэхэр, щхьэгъубжэщIэхэр халъхьащ, зыхуэныкъуэ унэлъащIэхэр щIагъэуващ. Апхуэдэу сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу къагъэщIэрэщIэжа школыщIэм и бжэхэр фокIадэм и 1-м къахузэIуихынущ щIыпIэм щыпсэу ныбжьыщIэ 350-м.

Республикэм и унафэщIым лэжьыгъэхэр зи пщэрылъхэм къалэн ящищIащ еджапIэм къедза щIыпIэр зыхуей хуагъэзэну.

42-нэ курыт школым нэмыщI, Прохладнэ къалэм иджыри щолэжь социальнэ IуэхущIапIэу 3-м. КъищынэмыщIауэ, абы щаухуэ ныбжьыщIэ 785-рэ зыщеджэфыну школыщIэ, курыт еджапIэ №8-ми къыгуащIыхь унэщIэ, сабий 560-рэ щIэхуэну.

 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI