Иджырей мардэхэм тету

КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам зригъэлъэгъуащ Дзэлыкъуэ район сымаджэщым и поликлиникэ къудамэм щекIуэкI зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр зды­нэсар. Ар ягъэзащIэ «КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм цIыхухэм япэ дэIэпыкъуныгъэхэр щыхуащIэ и IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжын» щIыналъэ программэмкIэ.

Дзэлыкъуэ район сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэм и къуэдзэ ЗекIуэрей Заринэ министрыр щигъэгъуэзащ мы зэманым къриубыдэу поликлиникэм и къатитIыр сыт лъэныкъуэкIи зыхуей зэры­хуагъэзам. IуэхущIапIэм и инженер коммуникацэхэр псори щIэкIэ яхъуэжащ, бжэ, щхьэгъубжэ блыпкъэхэр зэра­хъуэ­кIащ, пэш кIуэцIхэм щекIуэкIа лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIащ. Иджыпсту ухуа­кIуэхэм зэгъэпэщыжыныгъэ Iуэхухэр къыщ­рахьэжьащ япэ къатым.

Къалэбатэ Рустам пщэрылъ ящищIащ цIыхухэм япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэр щыхуащIэ IуэхущIапIэхэм папщIэ къыхалъхьа иджырей мардэщIэхэр и лъаб­жьэу поликлиникэм и лэжьыгъэр ягъэпсыну, IэщIагъэлIхэр щылажьэ пэш­хэр тыншу къызэрыбгъуэтыну зэхэкIыпIэ картэхэр ягъэхьэзырыну, апхуэдэуи лиф­тыр зэрахъуэкIыну.

Министрымрэ абы и къуэдзэ Къармэ Маратрэ къапщытащ сымаджэхэм, къэ­рал Iуэхутхьэбзэхэм я порталхэр къагъэ­сэбэпу, дохутырым и деж зэрызебгъэтх Iэмалыр къызэрагъэсэбэпыр.

Поликлиникэм щрагъэкIуэкI зэгъэ­пэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр яухынущ мы илъэсым къриубыдэу.

ЩхьэщэмыщI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI