Дахагъэм и зэхэлъыкIэр

Налшык къалэ Къэбэрдей уэрамым тет «ЗэбгъузэнатIэ» зи фIэщыгъэ арт-утыкум «Хъурджанэхэр» зыфIаща Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэныр иджыблагъэ щекIуэкIащ. Урысейм ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и къулыкъущIапIэр и щIэгъэкъуэну ар къы­зэрагъэпэщащ «Хъурджа­нэхэр» литературэ хасэмрэ КъБР-м УнэтIыныгъэ зэмы­лIэужьыгъуэхэмкIэ щIалэ­гъуалэм ядэлажьэ и цент­рымрэ.

 

ЗэIущIэм къекIуэлIахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ «Хъурджанэхэр» литературэ хасэм и къызэгъэпэщакIуэ, «Дарий акъылыфIагъыр зыбгъэдэлъ» орденым щIыхь зиIэ и кавалер, Iуэху­гъуэм и зэхэшакIуэхэм ящыщ Жаным Саидэ. «Мыпхуэдэ арт-утыку уиIэнри, абы ще­кIуэкI Iуэхугъуэхэм ухэтын­ри зимыуасэ щыIэкъым. Псом хуэмыдэу гур хегъахъуэ мып­хуэдиз сабийрэ щIалэгъуа­лэрэ къызэрекIуэлIам. Дахагъэм и дунейр гъунапкъэн­шэщ, абы псэр игъэушэу, гур игъэубзэу щытмэ. Къытпэщылъ махуищыр гупсысэ дахэ куэдкIэ гъэнщIауэ зэры­щытынум шэч къытесхьэркъым. Сыщогугъ а дахагъэр къыдбгъэдэзылъхьэну тха­кIуэ, усакIуэ ныбжьыщIэхэм ар зищIысым нэхъ куууэ ды­хагъэплъэну, абы и лъэужьыр ди гузэхэщIэм хэмыкIуэ­ды­кIыжын хуэдэу къыдбгъэ­далъхьэну. Дахагъэр хъумэни, зегъэужьыни, гъэбэгъуэни ­хуейщ. Сыщымыуэмэ, ди ­къалэм арт-утыкухэмрэ арт-уэрамхэмрэ кIуэ пэтми нэхъыбэ щохъу. ИкIи куэду хьэлэмэт хъунут дэтхэнэ зы щIыпIэми зыр зым емыщхьу дахагъэм ухукъуэзыгъэплъ Iуэхугъуэхэр щекIуэкIыу щы­тамэ. Ар зи Iэ илъыр дэрауэ къыщIэкIынущи, нобэрей ди зэхыхьэмкIэ сыхуейт нэ­гъуэщIхэм щапхъэ дахуэ­хъуну, дахэIэужьхэр ди ужь къиувэну. Псэуныгъэм теу­хуауэ цIыхум зэригъэзахуэ гумэщIыгъуэхэр мащIэкъым, сыту фIы хъунт а псор ящхьэ­щытхыфрэ псэм ехуэбылIэ IуэхугъуэкIэ я гукъеуэр зы тэлайкIэ нэхъ мыхъуми дгъэ­мэщIамэ», - щыжиIащ и пэуб­лэ псалъэм Жаным Саидэ.

АдэкIэ псалъэр зрата, ­КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт жэрдэм дахэр къы­хэзылъхьа Жаным Саидэрэ Битокъу Маринэрэ фIыщIэ яхуищIащ икIи мыпхуэдэ зэхыхьэхэр нэхъыбэ ящIыну къыхуриджащ. «Шэч хэлъкъым, «Хъурджанэхэр» ли­тературэ зэхыхьэр гупсы­сэфIщ, цIыху акъылыфIэ­хэмрэ гупсысакIуэхэмрэ зэ­хэзышэ, гъунэгъу зэхуэзыщI утыкущ. Хуабжьу сыщогугъ, ар къэгъэнауэ - сыщIохъуэпс мы зэхуэсыр зылъагъунухэр абы дихьэхыну, апхуэдэ гупыжкIэ зэгъэпэщакIуэхэм зыкърагъащIэрэ нэгъуэщI Iуэху еплъыкIэ икIи бгъэ­дыхьэкIэ зэмылIэужьы­гъуэхэр зи тегъэщIапIэ гуп­сысэхэр къыхалъхьэну. ЕтIа­нэгъэ щегъэжьауэ «Студент гъатхэ» Iуэхугъуэм и кIуэцIкIэ литературэ унэтIыныгъэ ­щхьэ­хуэ къыхэдгъэкIыну до­гупсыс, ар нэхъ щIэщыгъуэ, цIыхухэм я гум пэджэжу гъэпса зэрыхъунур зыдогъэзахуэ. КъызэгъэпэщакIуэхэм псоми «афэрым» вжызоIэ, фефIэкIуэну, нэхъыбэж къывэхъулIэну сывохъуэхъу», - жиIащ министрым.

«Хъурджанэхэр» литературэ зэхуэсыр филологие ­щIэ­ныгъэхэмкIэ кандидат, КъБКъУ-м урыс, хамэ лите­ратурэхэмкIэ и кафедрэм и доцент Битокъу Маринэ «Сыт тхакIуэхэр щIэтхэр, еджакIуэ­хэр щIеджэр» зыфIища къэп­сэлъэныгъэ гъэщIэгъуэнымкIэ ирагъэжьащ.

«Си псалъэмакъыр лите­ратурэр зищIысым, ар къы­зыхэкIымрэ зыхуэунэтIамрэ, цIыхур абы щIыхуэныкъуэм, хуэныкъуэн хуей зыщI щхьэусыгъуэхэм ятеухуащ. Къыхэслъхьэ гупсысэр зэпкъ­рыха хъун папщIэ, тхакIуэхэр тхэным езышалIэ, абы къы­хуэзыгъэуш ущхьэгъухэр зэпкъ­рызох, еджэным и мы­хьэнэмрэ абы нобэрей дунеймкIэ пщIэ иIэрэ имыIэрэ сытопсэлъыхь. Си къэпсэ­лъэныгъэр щхьэхуэпсалъэ мыхъун папщIэ, цIыхухэм жысIэр къазэрыщыхъури зэ­хэсхыну сыхуейт, уэршэрым дытехьэу щхьэж и Iуэху еплъыкIэ къиIуатэ хъууэ хьэщIэщ сщIыну сыщIо­хъуэпс», - жиIащ Битокъу Маринэ.

«Хъурджанэхэр» литературэ зэхуэсым и япэ махуэм режиссёр цIэрыIуэ Сокъур Александр и «Урыс пхъуантэ» кинофильмыр ягъэлъэгъуащ.

Апхуэдэу «Хъурджанэхэр» литературэ зэхуэсым къы­щып­сэлъащ психологие щIэ­ныгъэхэмкIэ кандидат Нэ­гъуей Будимир, философие щIэныгъэхэмкIэ кандидат ­ХъуэкIуэн Мурат, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и акаде­-мием Лъэпкъ щIэныгъэхэм­-рэ антропологиемкIэ и инс­титутым и аспирант Битокъу Тамарэ сымэ.

Абы къищынэмыщIауэ, «Хъур­джанхэр» зэIущIэм къы­щыпсэлъащ, къызэхуэсахэм я IэдакъэщIэкIхэм ятеухуа псалъэмакъкIэ ядэгуэшащ ли­тературэм и жанр зэмылIэу­жьыгъуэхэм щылъащэу Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щыщ тхакIуэ икIи усакIуэ пщыкIутI.

Зэхуэсым ипкъ иткIэ ки­но­фильм зыбжанэ ягъэлъэ­гъуащ, щэнхабзэ квестхэр къы­зэрагъэпэщащ, мастер-классхэр зэхашащ, нэхъ цIыкIу дыдэхэм папщIэ еджэ­ныгъэхэр ирагъэкIуэкIащ. А псом къыдэкIуэу ­«Микрофон хуит» зыфIаща Iуэхугъуэ гъэ­щIэгъуэнри ­утыку къащIащ. УсакIуэхэмрэ тха­кIуэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэм щыщ пычыгъуэ макъкIэ къе­джэу къы­зэ­хуэсахэм я пащхьэ къиуващ.

«Хъурджанэхэр» литературэ зэхуэсыр шыщхьэуIум и 9-м щегъэжьауэ и 11 пщIон­дэ Къэбэрдей уэрамым тет ­«ЗэбгъузэнатIэхэр» арт-утыкум щекIуэкIащ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI