Ныбжьэгъу зэхуэхъуауэ зэбгрокIыж

Хабзэ зэрыхъуам тету, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проект­хэм­кIэ и министерствэм гъэмахуэм Налшык зыщагъэпсэхуну кърегъэблагъэ нэгъуэщI щIыпIэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэр. Мы махуэ­хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щы­хьэ­­щIащ Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Ставрополь крайм, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм, Сирием щыщ ди къуэшхэм я бынхэр. Мы гъэм япэу «Ди хэкуэгъухэм я лагерь-2022» проектым къыхагъэхьащ Донецк ЦIыхубэ Республикэм къикIа цIыкIухэри. Ахэр сабий 19 мэхъу.

НыбжьыщIэхэм махуэ гукъинэжхэр щагъэкIуа лагерым и къалэн нэхъыщ­хьэр ди хэкуэгъухэмрэ ди лъэпкъэгъу­хэмрэ яхудиIэ пыщIэныгъэр гъэ­бы­дэ­нырщ, ди республикэм ис лъэпкъхэм я хаб­зэхэмрэ щэнхабзэмрэ егъэ­цIы­ху­нырщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Урысей Федерацэм щыщыIэ псэукIэмрэ зэхэ­тыкIэмрэ щыгъэгъуэзэнырщ.

А псори махуэ бжыгъэ зэрыщыIэнум къащIэн щхьэкIэ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм программэ купщIафIэ зэхилъхьащ. НыбжьыщIэхэм махуэ къэс щIэщыгъуэ, телъыджэ, гукъинэж куэд ира­гъэлъагъу. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, шыщхьэуIум и 1-м лагерыр къызэIуаха нэужь, Шэджэм псыкъелъэхэм къыщыщIадзащ. Къалащхьэм уикIыу а щIыпIэ дахэм унэсыху уи нэгу щIэт дахагъэр умыгъэщIэгъуэн плъэ­кIыркъым, а псоми сабийхэр дехьэх. ­Метр 30 зи лъагагъ псыкъелъэхэмрэ ахэр къызэхуэх къурш абрагъуэхэмрэ ирагъэлъэгъуащ цIыкIухэм икIи абы щыIэ хьэуа къабзэмкIэ загъэнщIауэ къэкIуэжащ.

КъБР-м къакIуэ ини-цIыкIуи я нэр къызыхуикIыр Iуащхьэмахуэщ. Лагерым щыIэ ныбжьыщIэхэр абы куэдрэ пагъэп­лъакъым, шыщхьэуIум и 3-м Iуащхьэмахуэ лъапэ яшэри, Азау къыщыщIэдзауэ Гара-Баши нэс кIапсэ гъуэгукIэ дэ­кIуеящ. «Мир» станцым деж Iуащхьэмахуэ лъапэ зыхъума лIыхъужьхэм хуагъэува ­фэеплъыр ирагъэлъэгъуащ икIи Хэку зауэш­хуэм щыгъуэ абдеж щекIуэкIа зэхэ­уэхэм щагъэгъуэзащ.

КъыкIэлъыкIуэ махуэм цIыкIухэр щыIащ Гуэл щхъуантIэхэмрэ Балъкъэр Ипщэ къуажэмрэ. Мы щIыпIэхэр ящыщщ зыплъыхьакIуэхэм фIыуэ ялъагъухэм. Ар ягу дыхьащ ди хьэщIэ ныбжьыщIэхэми, сурэтхэр куэду зытрагъэхащ.

Мэрем кIуам сабийхэр Лъэпкъ музейм ирагъэблагъэри, ирагъэплъащ иджыпсту абы щагъэлъагъуэхэм, апхуэдэуи лъэпкъ фащэм и зэхэлъыкIэм щагъэ­гъуэзащ. КъищынэмыщIауэ, музейм и уна­фэщI Накуэ Феликс и жэрдэмкIэ, хьэщIэхэм шэрджэсхэм къагъэсэбэпу щыта Iэщэхэмрэ къамэхэмрэ зэрагъабзэр ирагъэлъэгъуащ. Сэралъп Мадинэ и уардэунэм, «Адыгэ унэ» тыкуэн-музейм гъэщIэгъуэн куэд щалъэгъуащ икIи щызрагъэщIащ адыгэ сабийхэми ­ДНР-м къи­кIа­хэми. Уеблэмэ адыгэ къа­фэмкIэ дерсхэр драгъэкIуэкIати, къэфэну гупыж зымыщIа къахэкIакъым.

Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и унафэщIым иригъэблагъэри, Донецк къикIа цIыкIухэр «Джэдыкъуэ» зыгъэп­сэхупIэм щыIащ, псыгуэнхэм зыща­гъэпс­кIыу, IэфIу щышхэу.

Лагерым щыIэ щIалэхэми пщащэхэми хуабжьу ягу ирихьащ шыкIэ къэ­жыхьыныр. «Шу хасэм», «Малкэ» шы заводым, «Шабзэ уэнымкIэ федерацэ» зэгухьэныгъэм къызэрагъэпэщри, спорт-нэгузыужь зы махуэ КъБР-м и щIыпIэ дахэм щагъэкIуащ хьэщIэхэм, шыкIэ къа­жыхьу, шабзэкIэ уэуэ. Абы нэхъ шэрыуэу зыкъыщызыгъэлъэгъуа цIы­кIу­хэм «Шу хасэм» къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ иратащ. Ар икъукIэ махуэ купщIафIэт адыгэм и шыфэлIыфэм, щыIэкIэ-псэукIэм, лъэпкъ тхыдэм, щэнхабзэм цIыкIухэр щы­гъуэзэнымкIэ. Ар къайхъулIащ къы­зэгъэпэщакIуэхэм.

Тхьэмахуэ пщыхьэщхьэм цIыкIухэм папщIэ концерт къызэрагъэпэщащ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и уэрэджыIакIуэхэмрэ хэту.

- Мыпхуэдэ лагерхэр илъэс къэс къэ­зэдгъэпэщу щытми, Донбассым и сабийхэр зэи къедгъэблэгъатэкъым. Мы гъэм япэу къыхэтшэу аращ. ДогуфIэ Донецк ЦIыхубэ Республикэм къикIахэр нэжэгужэщ, ялъагъу псори ягу ирохьри. Дэ иужь дитщ абыхэм Урысей Федерацэм и щIыналъэ псори къазэрыхуэгуа­пэр, я IэфI зыхрагъэщIэну зэрыхьэзырыр едгъэлъагъуну икIи къыдэхъулIауэ согугъэ. Ахэри адрей ныбжьыщIэхэри нэжэгужэу махуэ къэс гъуэгу тохьэ, щIэ гуэр зрагъэщIэну, я нэгу зрагъэужьыну ­хуейуэ. Республикэм ис лъэпкъхэр, я бзэр, я хабзэр зыхуэдэм щIэупщIэу ап­хуэ­дэщ. НэгъуэщI хэгъэгухэм къитш ди лъэпкъэгъухэр я анэдэлъхубзэкIэ псэ­лъэфу егъэсэныр, хэкужьым къуэпс быдэкIэ япыщIауэ къэтэджыныр, хэхэс­хэмрэ хэкурысхэмрэ я щIэблэр ныб­жьэгъу зэхуэхъуныр мурад нэхъыщ­хьэ­хэм ящыщ зыщи, абыи долэжь, - жиIащ министр ­КIурашын Анзор.

Донецк къикIа цIыкIухэр итхьэкъуащ КъБР-м и щIыуэпсым и дахагъэм, бгыхэм я лъагагъым, цIыхухэм я гуапагъым.

Зи адэжьхэр мыбы къыщалъхуа щIалэгъуалэм къыхагъэщ лагерым зэ щы­Iам етIуанэу къытригъэзэжыну зэ­ры­ху­щIэ­къур, илъэс къэс Iуэхугъуэ дахэхэр зэ­рырагъэкIуэкIыр, ямыщIа гуэрхэр къы­зэ­ращIэр.

Къапщтэмэ, дэнэ щIыпIэ къикIа цIыкIухэри ныбжьэгъу зэхуэхъуауэ гуа­пэу зэхэтщ, нэшхуэгушхуэу махуэ гукъи­нэжхэр ди лъахэм щагъакIуэ. Абыхэм ягу дохьэ бысымхэр зэрагъэхьэщIэр, лъэпкъ шхыныгъуэ IэфIхэр зэрырагъэшхыр, зэи ямылъэгъуа щIыпIэ дахэхэм зэрашэр.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.