ЩIыпIэ дахэу аргуэру зы

«ЗэгурыIуэныгъэмрэ» «Аб­хъа­зымрэ» я ут нэхъыщхьэхэм я зэхуакум къыщызэIуахынущ иджы­ри зы лъэс зекIуапIэ.

Зэман куэд ипэкIэ хаса мыIэрысейхэр, кхъужьейхэр, уэздыгъейхэр куэду щызэхэт а щIыпIэ лъэщIэхур сыт щыгъуи къабзэу, лъэсырызекIуэхэм хаша лъагъуэ нэшэкъашэ цIыкIухэм фIэкIа нэгъуэщI уи нэм къыфIэнэн щумы­лъагъуу нобэм къэсащ. Мы зэманым ар хуа­гъэхьэзыр Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 щрикъуну пIалъэм.
Абхъазым и утым щегъэжьауэ «Спартак» стадионым нэсыху кIуэну лъагъуэ бгъуфIэм и лъабжьэр ягъэхьэзыращ, абы тракIутэну пша­хъуэмрэ мывэ кIэщхъымрэ, гъущI- бетон къэухьхэр кърашэлIащ, тетIысхьэпIэхэр здагъэувыну утыкухэр ягъэбелджылащ. Скверым пхашынущ нэхъ лъагъуэ цIыкIуу иджыри зыбжанэ. Лэжьыгъэ хьэлъэр з­эры­зэфIэкIыу, ихъуреягъыр ягъэдэхэнущ удз гъэгъахэмрэ щхъуантIагъэхэмкIэ.
Лъэс зекIуапIэр щаукъуэдийм зыкIи зэран хуэхъуакъым, ныбжьышхуэ зэраIэми емылъытауэ, нобэми пхъэщхьэмыщхьэ бэгъуа къызыпыкIэ жыгыжьхэм. А щIыпIэм къыбгъэдэт Сабий творчествэмкIэ уардэ унэм ­къекIуалIэ цIыкIухэмкIи дэрэжэгъуэщ апхуэдэ зыгъэпсэхупIэ гъунэгъуу щыIэныр. Зыхуеину техникэхэмкIэ къызэгъэпэща ухуакIуэхэр псынщIэу мэлажьэ, махуэшхуэр къэмысу псори зэфIагъэкIыну я мурадщ.
Шэрэдж дисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ