Депуев Хаким и цIэр зезыхьэ кадет школ-интернат №2-м накъыгъэм и 25-м, адрей курыт еджапIэхэми хуэдэу, иужьрей уэзджынэр къыщеуащ.
ЕджапIэр къэзыуххэм ехъуэхъуну, ядэгуфIэну къызэхуэсат абыхэм я адэ-анэхэр, егъэджакIуэхэр, хьэщIэ лъапIэхэу КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, Шэрэдж щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Кульбаев Алан, КъБР-м промышленностымкIэ, энергетикэмрэ сатумкIэ и министр Iэхъуэбэч Щамил, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщI Мэлбахъуэ Алим, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я ветеранхэр, журналистхэр, Шэрэдж щIыналъэм щыщ жылагъуэ лэжьакIуэхэр.
Махуэшхуэ зэхыхьэр къызэIуихащ кадет школым и унафэщI Эристаев Абдурэхьман:
- Фи егъэджакIуэхэм къывбгъэдалъхьащ гъащIэм адэкIэ къыщыфхуэсэбэпын щIэныгъэ куу. Фи командирхэм хахуагъэм, лIыгъэм, фызрихьэлIэ лъэпощхьэпохэр къызэвнэкIыфыным, Хэкум фыхуэпэжыным фыхуагъэсащ. Сынывохъуэхъу балигъ гъащIэм щызыхуэвгъэувыж мурад псори зэвгъэхъулIэфыну. Нобэ кадет школыр къэзыух ныбжьыщIэ 22-м щыщу 18-м дзэ къулыкъур къыхахащ, дзэм щыхуагъасэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я дэфтэрхэр хуагъэхьэзыращ. Тхьэм къывигъэхъулIэ!
ЕджапIэр къэзыух ныбжьыщIэхэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ Егоровэ Татьяни:
- Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу цIыхум и гъащIэм хэт махуэшхуэ нэхъыщхьэхэм язымкIэ – Иужьрей уэзджынэм и махуэмкIэ. А махуэм мыхьэнэшхуэ иIэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, щIалэгъуалэм гъащIэм и зы Iыхьэ къызэранэкIауэ, щIэныгъэкIэ, акъылкIэ, ехъулIэныгъэкIэ, текIуэныгъэкIэ гъэнщIа гъуэгушхуэм тоувэ. Школым щывгъэкIуа илъэсхэм щIэныгъэм и лъабжьэр вгъэтIылъащ, фи гупсысэм зевгъэужьащ, фэркIэ нэхъыщхьэр зэхэвгъэкIащ. Мис а мыхьэнэшхуэ зиIа Iыхьэр къызэвнэкIауэ, балигъ гъащIэм лъэбакъуэщIэ хывочэ. ДяпэкIэ фэ къыфпэщылъщ къызэраух экзаменхэр, IэщIагъэ къыхэхыныр, щIэтIысхьэгъуэр. Ауэ фэ кадет школым фыкъыщыкIуэм фызыхуей IэщIагъэр къыхэфхакIэт. ИкIи къывоух республикэм и кадет школ нэхъыфIхэм ящыщ зыр.
Егоровэм къыхигъэщащ мы гъэм илъэсипщI хъуауэ лажьэ школым ди хэкуэгъу цIэрыIуэ Депуев Хаким Сафар и къуэм и цIэр зэрызэрихьэр, абы и гъащIэр Хэкум тыхь зэрыхуищIар, и пщIэр зэриIыгъыжар.
- Депуевыр тетащ «ГъащIэр - Хэкум, щIыхьыр - зыми!» къыхуеджэныгъэм. Сыхуейт фэри ар зыщывмыгъэгъупщэну. Фэ къэвух еджапIэр зытелажьэр аращ - къэралым и тхыдэр, щэнхабзэр, хабзэр хъумэным, ахэр щIэблэм егъэджыным. Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир жиIащ: «Нобэ дэтхэнэ зы щIалэ цIыкIуми и щхьэр ихъумэжыфу, къыдалъхуахэмрэ и хэкумрэ къащхьэщыжыфу щытын хуейщ». Мис апхуэдэущ кадет школым къекIуалIэхэри зэрагъасэр. Фи нэхъыбэм мурад ящIащ сыт щыгъуи пщIэ зыхуащIу къекIуэкIа IэщIагъэм - Хэкур хъумэным - я гъащIэр ирапхыну. Адрейхэм нэгъуэщI лэжьыгъэм зыхуагъэсэнущ. Ауэ сыт хуэдэ IэщIагъэ къыхэвмыхами, фыкъыщалъхуа хэкум, республикэм я сэбэп къызыхэкIын къалэн вгъэзэщIэну иужь фит. Школым къыщыфхалъхьа хьэлымрэ къыщывбгъэдалъхьа щIэныгъэмрэ къызэрыфхуэсэбэпынур си фIэщ мэхъу зыхуэвгъэувыжа мурадхэр зэвгъэхъулIэнымкIэ. Нобэрей махуэр балигъ гъащIэм фыщыхэбакъуэ дакъикъэ угъурлы ирехъу! Сэ шэч къытесхьэркъым фэ Хэкупсэ нэс фызэрыхъунум! - жиIащ Егоровэм.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым фIыщIэ псалъэкIэ захуигъэзащ кадет школым и егъэджакIуэхэм, сабийхэм я адэ-анэхэм.
Школыр къэзыуххэм ехъуэхъуащ Кульбаев Алан:
- Школым щывгъэкIуа пIалъэ дахэр и кIэм нэсащ. ДяпэкIэ къыфпэщылъ гъащIэр гъэщIэгъуэн куэдкIэ гъэнщIащ. Сыхуейщ а гъуэгуанэр кIыхьу, бгъуфIэу, нэхуу къыфхущIэкIыну, хэкум фыхуэпэжу, фыкъызыхэкIар фIыуэ флъагъуу фыпсэуну!
А махуэм фIыщIэ псалъэ куэд щыIуащ мы школым. Макъамэр, къафэр, дэрэжэгъуэр щыкуэд утыкум щIалэхэм щагъэлъэгъуащ кадет школым щызэхалъхьа хабзэхэр.
ХьэщIэхэм зрагъэлъэгъуащ кадет школ-интернат №2-м и Iэхэлъахэр, еджапIэ, спорт пэшхэр, зыгъэпсэхупIэхэр.
КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.