УРЫСЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭ

Футбол

 Налшык къалэм и «Спартак» стадионым щекIуэкIащ Урысей МЧС-м къэралым и щIыналъэхэм щиIэ управленэ нэхъыщхьэхэм я командэхэм футбол цIыкIумкIэ я урысейпсо чемпионат. Зэхьэзэхуэм хэтащ командий.

Футболым дихьэххэр дэрэжэгъуэр я бэу кIэлъыплъащ спортсменхэм я зэфIэкIхэм. Турнирым и саугъэт нэхъыщхьэр къихьащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и командэм. ЕтIуанэ увыпIэр зыIэригъэхьащ Сыбыр федеральнэ округым и гупым, Ипщэ федеральнэ щIыналъэм и командэр ещанэщ.

Судьяхэм топджэгу нэхъыфIхэр къыхахащ: гъуащхьэтет нэхъыфI - Нимчиров Наран, гъуащхьэхъумэ нэхъыфI – Дудаев Сергей, гъуащхьауэ нэхъыфI – Хайруллин Рамиль, футболист нэхъыфI – Шарипов Радмир, гъуащхьауэ нэхъыфI – Берестнев Александр.

ТекIуа командэхэм иратащ медалхэр, кубокхэмрэ дипломхэмрэ. Футболист къыхэжаныкIахэм дамыгъэ лъапIэхэр иратащ Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и унафэщI къэрал кIуэцI къулыкъум и генерал-майор Надежин Михаил, ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Гончаров Сергей, КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Хэжь Зкур, Урысей МЧС-м Физическэ гъэхьэзырыныгъэмрэ спортымкIэ и центрым и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Строкань Александр сымэ.

ХьэщIэхэм псалъэ гуапэхэр хужаIащ зэпеуэм хэтахэми ар къызэзыгъэпэщахэми, адэкIэ художественнэ самодеятельностым зыкъигъэлъэгъуащ.

Надежин Михаил зэпеуэм кърикIуахэр къыщызэщIикъуэжым къыхигъэщащ спортсменхэр зэрылъэщыр, текIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ ехъуэхъуащ, зэхьэзэхуэм хэтахэр екIуу зэрыджэгуам, яку дэлъа гуапагъэм папщIэ фIыщIэ яхуищIащ икIи жиIащ турнирыр спорт махуэшхуэ зэрыхъуар, псоми дэрэжэгъуэ къазэрыритар.

                                                                          

БАХЪСЭН Азэмэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.05.2024 - 15:35

МАМЫРЫГЪЭМ И ЖЬЭГУР НАЛШЫК ЩЫЗЭЩIАГЪЭБЛАЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Мамырыгъэм и жьэгур Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и бзыпхъэщ» зыфIаща V щIыналъэ зэхуэсыр.

13.05.2024 - 08:48

БЗЭ ЗИМЫIЭР ЛЪЭПКЪЫНШЭЩ

ХамэщIым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу адэжь лъахэм ­къихьэжа адыгэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр, абыхэм я Iуэху зытетым зыщыгъэгъуэзэныр, я еджэныгъэр зэрекIуэкIым кIэ­лъыплъыныр, я лэжьыгъэр зэрызэте

13.05.2024 - 08:47

IУАЩХЬЭМАХУЭ ДАХА НЫПХЭР

Нэмыцэхэм я лъэсырызекIуэ полкищрэ танк дивизэрэ зэтезыкъутауэ щыта 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэ­тахэр хахуэу щыхэкIуэда Мартыновскэ районымрэ (Ростов щIыналъэм щыщщ) ди республикэмрэ зэпыщ

13.05.2024 - 08:46

ЩIЫХЬЫЦIЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Налшык – зауэлI щIыхьым и къалэщ» выставкэ-зэпеуэр.

13.05.2024 - 08:45

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ И ЩIЫХЬКIЭ

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым щагъэлъагъуэ студент-дизайнерхэм я лэжьыгъэхэр.