ГъэсакIуэ жыджэрхэр утыку къохьэ

Хабзэ хъуауэ, ди къэралым илъэс къэс щокIуэкI гъэ­сапIэхэм я IэщIагъэлI­хэм я зэпеуэ. «Урысейм и гъэсакIуэ нэхъыфI-2022» мыгъэрей зэхьэзэхуэм и щIыпIэ Iыхьэхэр зэфIэ­кIащ. Мы махуэхэм Налшык щызэхашащ ди республикэм и районхэм, ­къалэхэм щыIэ сабий ­гъэсапIэхэм щекIуэкIа апхуэдэ зэпеуэхэм пашэ щыхъуахэр зыхэт зэпеуэ. ЩIыналъэпсо зэхыхьэм кърагъэблэгъащ гъэсакIуэ пажэ 13. Ахэр зэхьэзэхуэнущ ди республикэм ­нэхъыфIу къыщалъы­тэ­нымкIэ. 

Гъэсэныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм ябгъэдэлъ Iуэ­­ху  зехьэкIэ  пэрытыр наIуэ къэщIынымрэ я зэфIэ­кIым зегъэужьынымрэ хуэу­нэтIа зэхьэзэхуэ хьэлэмэтщ «Илъэсым и гъэсакIуэ нэхъыфI» зэпеуэр. ГуфIэгъуэ щытыкIэм иту къызэIуахащ Iуэхугъуэр. Абы кърихьэлIа псоми псалъэ гуапэкIэ за­хуигъэзащ КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэ­гъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ. 
- ЩIыналъэпсо зэпеуэм ухэтыныр, шэч хэмылъу, щIыхьрэ пщIэрэ зыпылъ Iуэхугъуэщ. Фэ фщыщ дэт­хэ­нэри гъэсакIуэ нэхъыфIу фыкъыщалъытащ фы­къыздикIа щIыпIэхэм, къалэхэм. Фызыхэтыну зэпеуэри фи Iуэху зехьэкIэ ­дахэхэмкIэ, методикэ пэ-рытхэмрэ лэжьыгъэм къы­щыв­гъэсэбэп IэмалхэмкIэ зэрывгъэдэхэнури хьэкъщ, - къыхигъэщащ Емузым. - ЕхъулIэныгъэ, дэрэжэгъуэ­рэ гукъыжэджрэ къыфхуихьыну си гуапэщ зэпеуэм. Фи зэфIэкIхэм адэкIи зэры­хэвгъэхъуэн къаруущIэ къыф­хрырелъхьэ абы. Фи цIэхэр къыхэнэнущ ди республикэм и гъэсэныгъэ IэнатIэм и тхыдэм. 
ЩIыналъэпсо зэхьэзэ-хуэм хэтщ ди республикэм  и сабий сад куэдым я гъэ­-са­кIуэхэр. УнэтIыныгъэ зыбжанэкIэ зэпеуа лэжьакIуэ пашэхэм наIуэ къащIащ я Iуэху зехьэкIэр, гъэсэныгъэм нэхъыщхьэу къыщалъытэр яубзыхуащ, сабий гупым драгъэкIуэкI хабзэ дерс гъэщIэгъуэнхэм къэп­щы­такIуэхэр щыгъуазэ ящIащ. Псоми яфIэхьэлэмэтащ зэпеуэм хэт гъэса­кIуэ­хэм  гуп  мыцIыхухэм драгъэ­кIуэкIыфа дерсхэр. ЦIыкIухэр къыдахьэхыу ягъэ­­лэжьэн щхьэкIэ, гъэсакIуэхэм бгъэдыхьэкIэ гъэ­щIэгъуэнхэр къагупсысу йокIуэкI зэпеуэр. 
«Си IэщIагъэмрэ ехъу­лIэныгъэм сыхуэзышэ си проектымрэ», «Сабийхэм лэжьыгъэ зэрадезгъэкIуэкI мардэхэр», «Мастер-клас­с­хэр», нэгъуэщI унэт­Iы­ныгъэхэмкIи йокIуэкI зэ­пеуэр. Абы щытекIуахэр наIуэ къэхъунущ дызэрыт тхьэмахуэм и кIэхэм. Ди республикэм гъэсакIуэ нэхъыфIу къыщалъытэр хэтынущ зэпеуэм и федеральнэ Iыхьэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр ихъу­-мэу. 
КЪАРДЭН Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ