Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыгъэпсэхухэм кIэрыхуакъым

Накъыгъэм и япэрей махуипщIыр, зэрытщIэщи, и нэхъыбэм уэтIпсытIу щытащ. АтIэми, а махуэхэм «Кавказ. ­УФ»-м и курортхэм зыщызыгъэпсэхуахэм я бжыгъэр нэгъабэрейм къызэрыщхьэщыкIа щыIэкъым. Къэдгъэлъэгъуэнщи, «Архъыз», «Iуащхьэмахуэ», «Ведучи» курортхэм я нэгу зыщезыгъэужьахэм я бжыгъэр цIыху мин 28-м щIигъуащ. 

«Накъыгъэм и япэрей махуипщIым дунейр уэфI дыдэу щымытами, зи гугъу тщIы зыгъэпсэхупIэхэм хьэщIэу къахуэ­кIуахэм я бжыгъэр, ди гуапэ зэрыхъунщи, нэгъабэ зэрыщытам къызэрытекIа щыIэкъым. Ар къызыхэкIауэ къэтлъытэр, псом япэрауэ, дызыпэрыт IэнатIэм, хьэщIапIэ къытхуэкIуэхэм дазэ­рыхущытым иужьрей илъэсхэм хэпщIыкIыу фIы и лъэныкъуэкIэ зэрызедгъэхъуэжарщ. КъищынэмыщIауэ, къызэригъэщIауэ Кавказ Ищхъэрэм щыIэ и щIыпIэ нэхъ дахэхэм, дунейм и щы­тыкIэм емылъытауэ, цIыхухэр къызэрыдэтхьэхыфын Iэмалхэри диIэ зэрыхъуарщ», - къыхегъэщ «Кавказ.УФ» зэгухьэныгъэм и унафэщI ТIымыжь Хьэсэн.
ЗыгъэпсэхупIэхэм ящыщу а махуэхэм турист нэхъыбэ здекIуэлIар «Iуащхьэмахуэ» курортырщ. Абыхэм я бжыгъэр мин 20-м щхьэдэхащ. Ар зы тIэкIукIэ нэхъ мащIэщ нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм елъытауэ, ауэ, итIани, хуэдитIрэ нэхъыбэщ коронавирус пандемиер къемыжьэ ипэ а махуэхэм къахуэкIуам нэхърэ. АтIэми, Iуащхьэмахуэ бгыжьым и Iэшэлъашэр уэсыншэ зэрымыхъум къыхэкIыу, иджыри бгым лыжэкIэ къожэхыфхэр.
Къэрэшей-Шэрджэсым щыIэ «Архъыз» зыгъэпсэхупIэм накъыгъэм и япэ махуипщIым хьэщIэу къахуеблэгъар мини 7,5-м нызэрыхьэсщ. Абдежым щIэупщIэ нэхъ щызиIэ нэгу зегъэу­жьыкIэхэм ящыщщ джабэ нэкIухэм кIэрыхьэ лъагъуэхэм ири­кIуэ­ныр, къуршыпсхэм япхрыкI гъуэгу нашэкъашэхэм зи лъащIэр лъагэу Iэта автомобилхэмкIэ щызекIуэныр, кIапсэ гъуэгу­хэмкIэ бгыщхьэхэм иридэкIуейуэ зыщаплъыхьыныр, шыхэм ­шэсу къыздакIухьым я нэгу зыщрагъэужьыныр, нэгъуэщIхэри. Мы зыгъэпсэхупIэм щыIэщ сабийхэм хуиту зыщагъэзэн, я нэгу зыщрагъэужьын утыку зэлъыIухахэри, я къэухьым щыхагъэ­хъуэн студиехэри. «ХапIэжь» (мы щIыпIэм адыгэхэр апхуэдэуи йоджэ) и тэхъуанэр узыншагъэр щызэтебгъэувэжынымкIи ­гъуэзэджэщ. Мыбдежым хьэуар щыкъабзэщ, гъэмахуэ лъэхъэнэм хьэкъупIэр (аллергиер) къэзышэ удзхэр къыщыкIыркъым, хыжьей дахащэхэр щыкуэдщ. 
Шэшэн Республикэм гъэм и кIыхьагъкIэ лажьэ «Ведучи» зыгъэпсэхупIэри мы зэманым щIэупщIэ нэхъ зиIэхэм ящыщщ. Мыбдежым щолажьэ щысыпIэхэр зиIэ «матэхэр» зыкIэрыщIа кIапсэ гъуэгухэр, цIыхухэр гуп щхьэхуэу, унагъуэу щызэхэсыфын унэ цIыкIухэр, илъэс псом уэс зытелъ лыжэ-сноуборд къе­жэхыпIэхэр, нэгъуэщIхэри. Языныкъуэхэр мыбдежым икIыурэ Шэшэным и нэгъуэщI щIыпIэ зыкъизыххэми макIуэ.

ХЬЭТЫКЪУЭ  ЩауапцIэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.