ПIАЛЪЭМ КЪЫКIЭРЫХУРКЪЫМ

Шэрэдж щIыналъэр къуршылъэ щIыпIэу зэрыщытым къыхэкIыу, и чэзум гъатхасэр къызэрырахьэлIэным я зэфIэкI псори ирахьэлIэ.

Куэдыр зэрыщыгъуазэщи, Шэрэдж , Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэмрэ ди республикэм и адрей тафэтес щIыпIэхэмрэ, гъатхасэ е бжьыхьэ хэгъуэ ирехъуи, мазэ пIалъэр я зэхуакуу къокIуэкI. Аращ уэфIу екIуэкI зы махуэри къыщIагъэсэбэпыр.

Мы зэманым гъатхасэр гектар минищым щIигъум щекIуэкIынущ. Абы щыщу а щIыпIэм хъарзынэу къыщыхъу ерыскъыпхъэ нартыхум гектар мини 2-м щIигъур, силосыпхъэ нартыхум - 430-р, кIэртIофым - 500-р, сэхураным - 200-р хухахащ. Тхьэмахуэм щIигъуауэ екIуэкI уэлбанэм и зэранкIэ сэгъуэр зэпагъэуа пэтми, къыхуагъэува пIалъэм хъарзынэу ехъулIэну мэгугъэхэр.

Гъатхасэ лэжьыгъэхэм къакIэрымыхуу гектар 1 минрэ 200-м траса бжьыхьэсэ гъавэм ( гуэдзу - гектар 650-рэ, хьэпцIийуэ - 250-рэ, рапсу - 300 ) щIыгъэпшэрхэмкIэ йолэжь.

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмрэ ерыскъыпхъэхэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, ди республикэм и адрей щIыналъэхэми гъатхасэм щоужьэрэкI. Псори зэхэту абы хухахащ гектар мин 223-м нэблагъэ. Санкцэхэм къадэкIуа гугъуехьхэми емылъытауэ, мэкъумэш IуэхущIапIэхэр я къалэнхэм хъарзынэу полъэщ. Жылапхъэрэ дагъэгъэсыныпхъэу зыхуеинур яIэщ. Мы зэманым ирихьэлIэу бжьыхьэсэ гъавэм, къэнэж щIагъуэ щымыIэу, щIыгъэпшэрхэмкIэ елэжьыну хунэсащ, мыгувэу хьэсапкъэхэм удз ежьужьхэр щагъэкъэбзэнущ. Къытеува щхъуантIагъэм иджыпсту иIэ щытыкIэм тепщIыхьмэ, гъэм гъавэ бэвкIэ ущыгугъ хъунущ.

УнафэщIым къызэрыхигъэщамкIэ, 2022 гъэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш IуэхущIапIэхэр тэмэму щIым елэжьын папщIэ щIыгъэпшэр къудейуэ тонн мин 67-м нэхърэ мынэхъ мащIэ яIэн хуейщи, къэзылъэхъэн щхьэусыгъуэ щымыIэу Iуэхур йокIуэкI.

ЛЪОСТЭН Музэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ