ЕДЖЭРЫКЪУЕЙ

А цIэр зэрехьэ адыгэ лIакъуэхэм ящыщ зым. БзэщIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, еджэрыкъуейхэм къагъэсэбэпыр кIэмыргуей диалектым и псэлъэкIэ щхьэхуэрщ. Тхыдэтххэм зэрыжаIэмкIи, лIакъуэм зэреджэр абы зэгуэр и пашэу щыта Еджэрыкъуэ и цIэм къытехъукIащ. 

Еджэрыкъуейхэр, 1849 гъэр къихьэху, Лабэ псым и сэмэгурабгъумкIэ Iусащ, Урыс-Кавказ зауэм и къызэщIэплъэгъуэм Щхьэгуащэ и адрыщIымкIэ Iэпхъуащ. 

Мейкъуапэ ипщэкIэ щыIэ къуэладжэхэм ящыщ зыр абазэхэхэм ижькIэрэ я зэхуэсыпIэт, я хасэхэр щрагъэкIуэкI щIыпIэт. Мыбдежым щызэпыхьэрт абазэхэхэм, еджэрыкъуейхэм, мамхэгъхэм я щIы кIапэхэр. ЗэратхыжымкIи, мы зэманым дызыщыгъуазэ Еджэрыкъуей къуажэр Щхьэгуащэ (Белая) псым и тIуащIэм урысхэм иужькIэ къыщызэрагъэпэща Тульскэ жылэм деж илъэси 150-рэ ипэкIэ щысащ.
Тхыдэджхэм яхэтщ кIэмыргуейхэмрэ еджэрыкъуейхэмрэ зэгуэр зы лIакъуэу щытауэ жызыIэхэр, лъэныкъуитIри зэпащIа щIыкIэу, адыгэ пщыхэу Болэтокъуэ унэцIэр зезыхьэхэм я IэмыщIэ зэрилъам къыхэкIыу. АрщхьэкIэ, итIани, языныкъуэ лъахэхутэхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, еджэрыкъуейхэр лIакъуэ щхьэхуэщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, иужьрейхэм я псэлъэкIэри, я зэхэтыкIэри, гъунэгъухэм я хущытыкIэри кIэмыргуейхэм ейхэм къащхьэщокIри.
Зэман блэкIахэмкIэ деплъэкIыжмэ, еджэрыкъуейхэр япэщIыкIэ хущIэкъуащ гъунэгъу закъыхуэзыщIа урысхэм зэрызыдрагъэкIуным, мамыру зэрахущытыным. АрщхьэкIэ пащтыхьым и дзэпщхэм лей зэрахьэу щIадзат. 
Къэтхьынщ зы щапхъэ. XIX-нэ лIэщIыгъуэм адыгэхэм яхэса бгырыс ермэлыхэм 1838 гъэм генерал Засс (фон Зейсс) деж лIыкIуэхэр ягъэкIуат, «кIэмыргуейхэмрэ еджэрыкъуейхэмрэ дызэрыдакъузэм къыхэкIыу, фыкъытщхьэщыж», жаIэу лъаIуэхэу. 
Дзэпщым, ар щхьэусыгъуэ хуэхъущ, и зауэлIхэр зэщIигъэуIуэри, Псыжь къызэпришащ, и Iуэху зыхэмылъ адыгэщIым къихьэу. ИкIи закъыхуэзыгъэза ермэлыхэр щызэщIикъуэщ, иришажьэри, иджырей Армавир къалэр здэщыт щIыпIэм иригъэтIысхьащ. А Iуэхуми, абы къыкIэлъыкIуа залымыгъэ мыухыжхэми еджэрыкъуейхэр ирахулIащ Iэщэ къащтэным. ИкIи, тхыдэтххэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, абыхэм ар ягъэтIылъакъым Урыс-Кавказ зауэр и кIэм нэблэгъэху. 
Хэкужьым къина еджэрыкъуейхэм, абэзэхэхэми натхъуэджхэми хуэдэу, иужьым къызэрагъэпэщыжыфар зы къуажэ закъуэщ. Ар Адыгэ Республикэм и Куэшхьэблэ районым итщ, ди тхыгъэр зытедухуа лIакъуэм и цIэр зэрихьэу. Абы мы зэманым цIыху мини 3,6-м нэблагъэ дэсщи, я гъунэгъухэм зэрыжаIэмкIэ, щыпсэухэр зэрызэкъуэтым, зы унагъуэм исхэм хуэдэу зэрызэхущытым гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым. 
 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

11.05.2024 - 12:25

ЩIЭНЫГЪЭЛI УСАКIУЭХЭР

 Зэ еплъыгъуэкIэ къыпщыхъунщ литературэр математикэм, социологием, физикэм, экономикэм, биологием, нэгъуэщI щIэныгъэхэми зыкIи емыпхауэ.

11.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ ХУЭПАБГЪЭУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Прохладнэ щIыналъэм и Приближнэ къуажэм зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ сабийхэр щрагъаджэу дэт школ-интернат №2-м и гъэсэн цIыкIухэр къыщыхэжаныкIащ Сочи къалэм и «Сириус» фед

11.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

ТекIуэныгъэм и махуэ къэблэгъам пежьэри, Кэнжэ къуажэм иджыблагъэ дзюдомкIэ зэхьэзэхуэ щрагъэкIуэкIащ. Абы щызэпеуащ 2011 гъэм къалъхуа ныбжьыщIэхэр - псори зэхэту 113-рэ.

10.05.2024 - 12:25

КIЭРЫХУБЖЬЭРЫХУР УАФЭМ НЭСАЩ

ЦIыхум и лъэр нихьэсащ хы лъабжьэми, къуршу щыIэм я нэхъ лъагэми, хьэршми. Ари хъунт и Iэужь къыщимынэу, щIыуэпсым хэмыIэбэу, пщIэ хуищIу щытатэмэ.

10.05.2024 - 09:03

ЗИ ПIАЛЪЭР ИКIАХЭР КЪУАЩЭНУКЪЫМ

2024 гъэм накъыгъэм и 1-м къыщыщIэдзауэ къару игъуэтащ хабзэщIэм - зи пIалъэр икIа, жьы хъуа гъэшхэкIхэр, псыхэкIхэр тыкуэнышхуэхэм я кассэхэм дяпэкIэ щыпхагъэкIынукъым.