|
ИБРЭХЬИМ БОРИС И ФЭЕПЛЪУ
30 апреля, 2022 - 06:35
Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ СССР-м спортым и мастер, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат, бэнэкIэ хуитымкIэ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и дохутыр Ибрэхьим Борис и фэеплъу бэнэкIэ хуитымкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ КИФЩI-м и щIыпIэ псоми къикIа зи ныбжьыр илъэс 16-м нэблагъэ ныбжьыщIэ 340-рэ.
ЗэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам хэт бэнакIуэхэм медаль зэмылIэужьыгъуэу 3 къыщахьащ.
Зи хьэлъагъыр килорамм 48-м нэблагъэхэм я зэхьэзэхуэм пашэныгъэр щиубыдащ Амщокъуэ Мурат и нэIэ щIэту зызыгъасэ Мер Маирбэч. Хьэтанэ Хьэсэнбий и гъэсэн Къашыргъэ Идар зи хьэлъагъыр килограмм 52-м нэблагъэхэм я деж дыжьын медалыр щызыIэригъэхьащ. Ещанэ увыпIэр иубыдащ Мусэ Амир. Килограмми 100-м нэблагъэ зи хьэлъагъ бэнакIуэр егъасэ Нахущ Рустам.
Иджыри ди щIалитIым щыбэна гупхэм етхуанэ увыпIэхэр къыщахьащ. Ахэр Тыкъуэ Алихъанрэ (кг 85-м нэблагъэ) Мэрзей Рамилрэщ (кг 62-м нэблагъэ).
Иджырей къыщыхах зэхьэзэхуэм япэ увыпIихыр щызыубыдахэм Iэмал ягъуэтащ Урысей Федерацэм и зэхьэзэхуэм зыкъыщагъэлъэгъуэну. Абыхэми хуитыныгъэ ягъуэтащ къэрал зэпеуэм и кIэух зэIущIэхэм хэтыну.
Къэхъун Бэч.
|
11.05.2024 - 12:25 Зэ еплъыгъуэкIэ къыпщыхъунщ литературэр математикэм, социологием, физикэм, экономикэм, биологием, нэгъуэщI щIэныгъэхэми зыкIи емыпхауэ. |
|
11.05.2024 - 09:03 Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Прохладнэ щIыналъэм и Приближнэ къуажэм зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ сабийхэр щрагъаджэу дэт школ-интернат №2-м и гъэсэн цIыкIухэр къыщыхэжаныкIащ Сочи къалэм и «Сириус» фед |
|
11.05.2024 - 09:03 ТекIуэныгъэм и махуэ къэблэгъам пежьэри, Кэнжэ къуажэм иджыблагъэ дзюдомкIэ зэхьэзэхуэ щрагъэкIуэкIащ. Абы щызэпеуащ 2011 гъэм къалъхуа ныбжьыщIэхэр - псори зэхэту 113-рэ. |
|
10.05.2024 - 12:25 ЦIыхум и лъэр нихьэсащ хы лъабжьэми, къуршу щыIэм я нэхъ лъагэми, хьэршми. Ари хъунт и Iэужь къыщимынэу, щIыуэпсым хэмыIэбэу, пщIэ хуищIу щытатэмэ. |
|
10.05.2024 - 09:03 2024 гъэм накъыгъэм и 1-м къыщыщIэдзауэ къару игъуэтащ хабзэщIэм - зи пIалъэр икIа, жьы хъуа гъэшхэкIхэр, псыхэкIхэр тыкуэнышхуэхэм я кассэхэм дяпэкIэ щыпхагъэкIынукъым. |
|