Статьи на кабардинском языке

НЭХЪЫФIХЭМ ХАБЖЭ

Дунейпсо IэщIагъэлIхэри къыхашэу, Моск-ва щекIуэкIащ Неврологхэм я етIуанэ конгресс. Абы и утыку къыщрахьащ щхьэ куцIым щызекIуэ лъым игъуэта сэкъатым еIэзэнымкIэ лэжьыгъэм и пIалъэ нэхъыфI къэзыгъэлъэгъуахэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр. ­Урысейм и щIыналъэхэу ехъулIэныгъэ зиIэу къалъытахэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрри. 

ЯХУЭ­ЛЪЭЩ САБИЙХЭМИ

Фошыгъу диабетыр дунейпсо медицинэр зыIууэ узыфэ ­нэхъ гугъухэм икIи хьэлъэхэм хабжэ.  Мы зэманым фошыгъу узыр къефыкIыу дуней псом тетщ цIыху мелуан 450-рэ, абыхэм я нэхъыбэм - мелуан 424-м - узыфэм и 2-нэ лIэужьыгъуэр япкърытщ, нэгъуэщIу жы­пIэмэ, инсулиныр яхури­къуркъым. КъызэрагъэлъагъуэмкIэ, Урысейм а узыр зыпкърыту щыпсэухэм я бжыгъэр мел­уани 5-м ноблагъэ.

БЗЭМРЭ ПСЭМРЭ ЗЭПЫЩIАЩ

«Унагъуэр еджэмэ - къэралри йоджэ» къыхуеджэныгъэм щIэту 2024 гъэм гъат­хэпэм и 23 - 31-хэм къэралым и дэнэ щIыпIэкIи щрагъэкIуэкIащ «Сабий тхылъым и тхьэмахуэ» фIэщыгъэр зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэхэр. Абыхэм хыхьэу Налшык къалэм Сабийхэмрэ щIалэ­гъуалэмрэ творчествэмкIэ я уардэунэм иджыблагъэ зэIущIэ хьэлэмэт къыщы­зэрагъэпэщат.

ФУТБОЛ ЦIЫКIУМКIИ ЯТОКIУЭ

«CUP ATLETIK» фIэщыгъэр зэрихьэу щIыналъэхэм футбол цIыкIумкIэ я зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Минвод къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ КИФЩI-м и сабий спорт еджапIэхэм, футбол клубхэм я командибл, езы джэгуахэр я ныбжькIэ илъэси 8 - 9 хъухэу. 

ХЪАНЫМ И МЕДАЛЫР

КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и телеграмм-каналым къызэритамкIэ, Кавказ Ищхъэрэм стIолыщхьэ теннисымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ Дагъыстэным, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Ставрополь крайм я спортсмену 100-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 14-м щхьэдэмыхауэ. 

ХЭХЭСХЭМ Я IУЭРЫIУАТЭ

АдыгэкIэ узэджэ хъунур
Зы хьэщIэщ дисти, зылI и псалъэм къыхэхуэ зэпытт: «Адыгэ! Адыгэ! Адыгэм хуэдэ щыIэ ?!- жиIэурэ.
- Хэт адыгэкIэ узэджэ хъунур?- сеупщIащ, и жьэр щымыувыIэм.
Зы къэбэрдей къытхэсти, абы къыхедзэ:
- Къэбэрдейращ адыгэкIэ узэджэ хъунур!
- Шапсыгъращ адыгэр! – идакъым шапсыгъым.
Абазэхэм жиIащ:
- Абазэхэращ адыгэр!

ЗЭКIЭ ЕТIУАНЭЩ

ЕсэнтIыгу къалэм и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ а къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Зэпеуэм кърихьэлIащ Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ я щIыналъэхэм я командэу 8, езы джэгуахэр я ныбжькIэ илъэс 15-м щIимыгъуауэ. 

БЗУХЭМ Я ДУНЕЙПСО МАХУЭ

1894 гъэм абыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьар Америкэм и Штат Зэгуэтхэм хыхьэ Пенсильвание щIыналъэм хыхьэ Ойл-сити къалэ цIыкIум ныбжьыщIэхэм курыт щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ а щIыпIэм и инспектор Бэбкок Чарльзщ. 

МЭКЪУМЭШ ТЕХНИКЭМ И ЛЪЭЩАГЪЫМКIЭ

Урысей Федерацэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я мэкъумэш IэнатIэхэр электрокъарурэ механикэ къарукIэ къызэрызэгъэпэща щIыкIэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым япэ увыпIэр иIыгъщ.

ОРЕЛ ЩЫЛЪЭЩАЩ

Урысей Федерацэм бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Орёл къалэм и «Гринн Центр» спорт центрым. Абы щызэпеуащ илъэс 18 зи ныбжь щIалэхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм зэхьэзэхуэм екIуу зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи медалитI къихьащ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке