Статьи на кабардинском языке

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек Грознэ къалэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 200 зэрырикъум теухуа гуфIэгъуэм хэтащ

Грознэ къалэр къызэрызэрагъэ­пэщрэ илъэс 200 зэрырикъум теухуа ­гуфIэгъуэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр. Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм щэнхабзэмрэ спортымкIэ я фестивалым хэтхэм я пащхьэ къыщыщыпсалъэм КIуэ­кIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэм я цIэкIэ шэшэн лъэпкъым пIалъэ гуфIэгъуэмкIэ ехъуэхъуащ.

Ди цIыхухэм я псэукIэр щедгъэфIэкIуэфынур мамыру, законым тетыныр псом япэ идгъэщу, дызэгурыIуэу зыужьыныгъэм дытелэжьэныр арауэ зэрыщытым шэч къытесхьэркъым

КъБР-м и Iэтащхьэм и ­къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек Правительствэм и Унэм жэп­уэгъуэм и 6-м щригъэ­кIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым хабзэр къыщызэгъэпэщыным хуэу­­нэтIауэ зэпымыууэ лажьэ и ЗэзыгъэуIу зэ­хуэсымрэ Экономикэ, жы­­лагъуэ шына­гъуэншагъэмкIэ и советымрэ я зэIущIэ.

Гулъытэ нэхъыщхьэ зыхуэщIыпхъэр цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнырщ

КIуэкIуэ Казбек ТАСС хъыбарегъащIэ
агентствэм и упщIэхэм жэуап яритащ

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ гъэплъыгъуэ лъэхъэнэм зыхуэгъэхьэзырынымрэ къагъэсэбэпа гъэсыныпхъэмкIэ республикэм къытехуа щIыхуэмрэ ятеухуа зэIущIэ

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек ды­гъуасэ иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм и унафэщIхэр, министерст­вэхэмрэ ведомствэхэмрэ, щIыналъэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр зыхэта, республикэм и IуэхущIапIэхэр, инженернэ инфраструктурэр бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм хуэгъэхьэзырыным, апхуэдэ­уи къагъэсэбэпа гъэсыныпхъэмкIэ республикэм къытехуа щIыхуэм ятеухуа зэ­Iущ

Я гукъыдэжыр къаIэт

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм, хабзэ дахэ хъуауэ, илъэс къэс егъэлъапIэ республикэм и гъэсакIуэ, егъэджакIуэ нэхъыфIхэр. Дыгъуасэ апхуэдэ Iуэху дахэ екIуэкIащ, ГъэсакIуэхэмрэ (фокIадэм и 27-м ягъэлъапIэ) ЕгъэджакIуэхэмрэ (жэпуэгъуэм и 5-м) я махуэхэм ехьэлIауэ.

ЩIыналъэхэр зэрызэдэлэжьэнур яубзыху

КъБР-м и Правительствэм хэтхэр фокIадэм и 28-м яIущIащ Тулэ областым и Правительствэм и УнафэщIым и къуэ­- дзэ - мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Миляев Дмитрий зи пашэ лIыкIуэхэм. ЗэIущIэм хэтащ республикэ унафэщI­хэмрэ республикэм и сату-промышленнэ Iуэхухэм елэжьхэмрэ.

ИугъащIэ Адыгэ фащэм и махуэм!

Адыгэ фащэм и махуэр ягъэлъапIэу «Си Лашынкъей - си унэ, си псэ» фIэщыгъэм щIэту зэныбжьэгъугъэм и дунейпсо фестиваль фокIадэм и 30-м екIуэкIащ. ГуфIэгъуэ зэхыхьэр теухуат Тохъутэ­мыщей жылэр къызэрыунэхурэ илъэс 600 зэрырикъум. А Iуэху­гъуитIыр  адыгэ ныпыр лъагэу зыфIэдза Лашынкъей бгыщхьэм и деж Iэтауэ щагъэлъэпIащ.

КIуэкIуэ Казбек и къулыкъум пэрохьэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­пуб­ликэм и Iэтащхьэм и къалэн­-   хэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэ­кIуэ Казбек дыгъуасэ КъБР-м и Правительствэм япэу утыку къыщихьащ.

Iуэхугъуэ 20-м хоплъэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ фокIадэм и 27-м иригъэкIуэкIащ бжьыхьэ лэжьэ­гъуэм и япэ зэIущIэр. Зэрыхабзэу, ар къызэIуахащ Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм­рэ я гимнхэмкIэ.

Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир и УнафэкIэ КIуэкIуэ Казбек адэжь щIыналъэм къегъэзэж

Президентыр лэжьыгъэ IуэхукIэ ­IущIащ КIуэкIуэ Казбек икIи абы жриIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ игъэ­зэщIэну абы и пщэ зэ­ры­дилъ­хьэм теу­хуа унафэ къызэрищтар.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке