Статьи на кабардинском языке

ЕМКЪУЖЫМ И ГЪЭСЭНЫР КЪЫХОЖАНЫКI

Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Емкъуж Мухьэмэд и гъэсэн щIалэ иджыблагъэ къыщыхэжаныкIащ Австрием и Линц къалэм дзюдомкIэ Гран-прим хыхьэу щекIуэкIа дунейпсо зэхьэзэхуэм. Ди къэралым и командэ къыхэхам хэту абы зыкъыщызыгъэлъэгъуа Мисиров Исмэхьил зыхэта гупым ещанэ увыпIэр къыщихьащ.

СЫТ ЩЫГЪУИ СЭБЭП IЭЩIАГЪЭХЭМ ЩЫХУРАГЪАДЖЭ

Сыт хуэдэ зэманми дахуэныкъуэщ ухуакIуэ IэпщIэлъапщIэхэм, электрикхэм, гъущI зэпызыгъавэхэм, пхъащIэхэм, нэгъуэщIхэми. Илъэс 40 хъуауэ апхуэдэ IэщIагъэлIхэр зыгъэхьэзыр «Строитель» колледжым унафэщIу трагъэуващ Къурмэн Мурат.

НАЛШЫКДЭСХЭР ЯТОКIУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мас-рестлингымкIэ и 10-нэ чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Налшык къалэм. Абы хэтащ республикэм и щIыналъэ псоми я спортсмену 100-м нэблагъэ.

Командэхэм я зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщихьащ Налшык къалэм и гупым, етIуанэ хъуащ Шэджэм къалэм къикIахэр, ещанэр яубыдащ Аушыджэр къуажэм и лIыкIуэхэм.

ИЛЪЭСЫМ И ЯПЭ МАЗЭМ

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ мазэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш продукцэу къыщыщIагъэкIам и куэдагъым я уасэр, нобэкIэ щIыналъэм къыщекIуэкIым тещIыхьауэ, сом мелард 1,9-рэ хъуащ, е проценти 103,0-кIэ нэгъабэ и иджы хуэдэ зэманым щыIам хуэкIуэу.

КАВКАЗ ИЩХЪЭРЭМ И ТХЫДЭМРЭ ЩЭНХАБЗЭМРЭ - ВДНХ-М

«Урысей» международнэ гъэлъэгъуэныгъэм хыхьэу, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетым и тхьэмахуэр гъатхэпэм и 5-м щыщIэдзауэ гъатхэпэм и I0 пщIондэ щекIуэкIащ Москва.

ХЭКIУЭДА Я ЛЭЖЬЭГЪУХЭМ Я АНЭХЭМ ГУЛЪЫТЭ ХУАЩI

УФ-м и Лъэпкъ гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм ведомствэм щIэмыт и хъумакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэр я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда я ныбжьэгъухэм я анэхэм ехъуэхъуащ ЦIыхубзхэм я махуэмкIэ.

НЭХЪЫФIИПЩIЫМ ДЫХОХЬЭ

Урысейм Къэрал статистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр яхыхьащ псэупIэу яухуэм и куэдагъымкIэ УФ-м зи Iуэху щынэхъыфIу къалъытэ щIыналъипщIым.

«АДЫГЭЖЬХЭР ЩЫСТХКIЭ, СЩОХЪУ ЛЪЭХЪЭНЭ ЖЫЖЬЭХЭМ САХЬЫЖ…»

«ЗэбгъащIэр IэщIагъэщи, умыщIэр IэщIыбщ», жи адыгэм. Мы псалъэхэр нобэрей гъащIэм зэрекIум шэч къытетхьэну дыпылъмэ, ар къытхуэзыгъэнам пщIэ хуэдмыщIу къокI. Хъарзынэ хъунт щIэныгъэм и къэухьым хэхауэ мардэрэ щапхъэрэ щIимыIэр зэгуэр зыгуэрым къыдгуригъэIуэфамэ…

НЭХЪЫФIИПЩIЫМ ДЫХОХЬЭ

Урысейм Къэрал статистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр яхыхьащ псэупIэу яухуэм и куэдагъымкIэ УФ-м зи Iуэху щынэхъыфIу къалъытэ щIыналъипщIым.

ЛЪЫ ХУЭНЫКЪУЭХЭМ ПАПЩIЭ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и СОБР-м и лэжьакIуэхэм даIыгъащ «Зы гум къыбгъэдэкIыу адрейм хуэкIуэу» акцэр икIи хуэныкъуэхэм папщIэ лъы ятащ. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке