Статьи на кабардинском языке

ГЪУКIЭ ДАДЭМ И ДУНЕЙ

И IуэхущIафэкIи и дуней тетыкIи жылагъуэм пщIэ щызиIэ цIыху гуащIафIэхэм ящыщщ Хьэтуей къуажэм щыщ, илъэс 50-м щIигъукIэ гъукIэу лэжьа Бесчокъуэ Далым.

Далым и адэшхуэри абы и адэжри гъукIэу щытащ, зэрыжаIэу, нэхъыжьхэм я лъагъуэм я щIэблэр ирикIуащ.

IУАЩХЬЭМАХУЭ

Iащхьэмахуэ псалъэр пкъыгъуитIу – Iуащхьэрэ махуэу – зэхэлъщ. Iуащхьэмахуэ (Эльбрус) пщIэ хуащIу ягъэлъапIэ, фIыгъуэ, насып къэзыхь Iуащхьэу, адыгэ лъэпкъым и зы дамыгъэу ялъытэ.

«ЕВРОПЭМРЭ ШЭРДЖЭСЫМРЭ»

США-м щыIэ Йель университетым щеджа, Кембриджым и аспирант Къумыкъу Азэмэт и жэрдэмкIэ, «Де Гройтер» герман тхылъ тедзапIэм иращIылIащ «Европэмрэ Шэрджэсымрэ: 1760 - 1870» зыфIаща, Iыхьэ 30-у зэхэт къыдэкIыгъуэр дунейм къытегъэхьэнымкIэ зэгурыIуэныгъэ.

СУРДОЛИМП ДЖЭГУХЭМ ХЭТЫНУЩ САТIУШЫМРЭ ЖЫЛЭМРЭ

Подмосковьем хыхьэ Покровскэ къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзымыххэм тхэквондомкIэ я урысейпсо чемпионат. КъБР-м ТхэквондомкIэ и федерацэм и секретарь нэхъыщхьэ Къанкъул Беслъэн хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, абы медалищ къыщахьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэм.

ЗЭХЪУАПСЭ ЕХЪУЛIЭНЫГЪЭ ЗИIЭ КЪУАЖЭ Главные вкладки

Шэджэм районым хыхьэ Щхьэлы-къуэ­ къуажэм дэт секцэ цIэрыIуэм иджыблагъэ щыIащ боксымкIэ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Фархутдинов Викторрэ УФ-м СпортымкIэ и министерствэм и лIыкIуэ, боксымкIэ командэ къыхэхахэм я лэжьыгъэм кIэлъыплъ Назаров Сергейрэ спортсменхэр я гъусэу. 

ПIАЛЪЭКIЭ ЛЪЭМЫЖ ТРАЛЪХЬЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зригъэлъэгъуащ «Кавказ» Р-217-нэ гъуэгум Шэ­джэм псым пIалъэкIэ щытралъхьэ лъэ­мы­жы­щIэр. Ар гъуэгум автомаши­нэхэр щы­зэтримыхьэн папщIэ яу­хуэ икIи зэман гъу­нэ­гъум яухынущ. 

ДОХУТЫР НЭХЪЫЩХЬЭХЭМ ЧЭНДЖЭЩ ЯРЕХЬЭЛIЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм я дохутыр нэхъыщхьэхэр зы­хэт зэIущIэ иригъэ­кIуэкIащ.

ГЪАТХЭ ЗЭХУЭСЫГЪУЭМ И ЯПЭ ЗЭIУЩIЭМ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэ­кIуэкIащ республикэм и хабзэубзыху IэнатIэм и гъатхэ сессием и япэ зэIущIэр.
 
Аруан щIыналъэм и суд IуэхущIапIэ №2-м и зэзыгъэкIуж судья ­къулыкъум пэрагъэуващ Ашэбокъуэ Рашид, Налшык и суд Iуэху­щIапIэ №17-м - Мэлыхъуэ Эммэ, Шэджэм суд IуэхущIапIэ №1-м - Мырзэкъан Маринэ, Налшык суд IуэхущIапIэ №16-м - Шорман Аллэ. 

ТОКЪМАКЪЫМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЬ

Владимир къалэм дэт Тимофеев Дмитрий и цIэр зезыхьэ щхьэзакъуэ зэзауэхэм хухэха спорт комплексым щIышылэм и 25-26-хэм щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ тэмэму зэхэзымыххэм я урысейпсо чемпионат.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Токъмакъ Азэмэт зи хьэлъагъыр килограмм 70-м нэблагъэхэм я гупым дыжьын медалыр къыщихьащ.

ЛIЫЖЬ ЦIЫКIУМРЭ ПЩЫМРЭ

Пасэм щыгъуэ ди къуажэм дэсащ зы лIыжь цIыкIу. Ар хуабжьу гушыIэрейт, зыгуэр ауан ищIыну е щIэнэкIэну иужь ихьамэ, абыкIэ къыпэлъэщын жылэ кIыхьым къыдэкIынутэкъым. Псом хуэмыдэу абы фIыуэ илъагъур пщы пагэхэмрэ уэркъ зызэфIэзышхэмрэ ехъурджауэнырт, заригъэцIыхужынырт. ЛIыжь цIыкIур зэрыIуэрыIуэдзыр ящIэрти, пщыхэми абы зыщадзейрт, зыгуэркIэ игу къыдэбгъэрэ хъуэн къэдлэжьым жари.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке