Статьи на кабардинском языке

ЕМЫЗЭШ И IУЭХУ КЪЫДОХЪУ

Кино Iуэхумрэ театр лэжьыгъэмрэ зэдэзыхьыф щIалэгъуалэм ящыщщ Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ теарым и актёр ныбжьыщIэ Къанкъул Ислъам.

БЛЭКIАМ УХАГЪЭПЛЪЭЖЫФ

ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм епха гукъэкIыжхэр куэдым яIэщ. ЗыгъэпсэхупIэм и ихьэпIэм къыщыщIэдзауэ а щIыпIэ щхъуантIэм псори дехьэх. Илъэс 80-м щIигъуауэ зыгъэпсэхупIэм «драгъэблагъэу» аслъэнхэм я теплъэ гъэжа жыг хадэ ихьэпIэм деж щытщ. Сигу къокIыж дыщысабийм абыхэм я жьэм къыжьэдэж псымкIэ ди псыхуэлIэр идгъэкIыу зэрыщытар.

ПСЫУЩХЪУЭ

Хы ФIыцIэ Iуфэм узыщрихьэлIэ фIэщыгъэр Iыхьищу зэхэлъщ: «Псы - у (ы) - шъ (у) хъо».
Шапсыгъ диалектыр къэзыгъэсэбэпхэм я нэхъыбэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, «псыущхъуэ» псалъэм къикIыр «узыпхрыплъу къабзэ», «уафэм хуэдэу къащхъуэ» мыхьэнэхэр аращ.

ЛIЫГЪЭМ И ДЕРС

«Урысей гвардием и махуэхэр» акцэм хыхьэу УФ-м и Лъэпкъ гвардием и къудамэу КъБР-м щыIэм дзэ къулыкъур щезыхьэкIхэу майор Хьэсанэ Зауррэ капитан Къуэшокъуэ Азэмэтрэ Налшык къалэм и школхэм ящыщ зым и класс нэхъыжьхэм щIэсхэм драгъэкIуэкIащ лIыгъэм и дерс.

 Офицерхэр школакIуэхэм яхутепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм зэрахьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ.

ЩЭНХАБЗЭМ И ЛЭЖЬАКIУЭХЭР ЯГЪЭЛЪЭПIАЩ

Бахъсэн щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я махуэм ирихьэлIэу гуфIэгъуэ зэIущIэ щызэхэтащ.

ЩIЭНЫГЪЭМ И ЖАРМЫКIЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым техникэмрэ естественнэ щIэныгъэхэмкIэ цIыхухэм яхуищIэ Iуэхутхьэбзэхэм я жармыкIэ иджыблагъэ екIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ КъБР-м и колледжхэр къэзыуха цIыхуи 100-м нэблагъэ.

ХЭКУ ЗАУЭШХУЭМ И ЛIЫХЪУЖЬХЭР ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

УФ-м и Лъэпкъ гвардием и къудамэу КъБР-м щыIэм ведомствэм щIэмыт и хъумакIуэ къудамэм и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэмрэ Урысейм и лъэпкъ гвардием и дзэм и махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэща зэхуэсым ягу къыщагъэкIыжащ Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр зыхъумахэр.

Фэеплъ Iуэхур щекIуэкIащ Налшык дэт «ЩIыхьым и МафIэ Мыужьых» мемориалым деж.

МДЗЫМТЭ (МЗЫМТЭ)

 Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Сочэ и Iэгъуэблагъэм щыIэ щIыпIэ телъыджэу иужькIэ «Красная Поляна» зыфIащыжам нэхъапэхэм Къуэбыдэ (Кбаадэ) цIэмкIэ еджэу щытащ. Ар зэгъэщIылIа Мдзымтэ къуршыпс уэрыр къыщыщIидзэр Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм дыгъапIэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэрщ.

УРЫСЕЙПСО ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ИРАГЪЭБЛАГЪЭ

Класс унафэщIхэм я II Урысейпсо зэхуэсышхуэм и лэжьыгъэм хэтыну хуейхэм я тхылъхэр къыхахыу хуежьащ. УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ ар езыгъэкIуэкIыр къэралым ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэрщ, къызэгъэпэщыныр зи пщэ дэлъыр Егъэджэныгъэм IэмалыщIэхэм зыщегъэужьынымкIэ фондырщ. Ар щекIуэкIынур Мэзкуущ, 2022 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм траухуащ.

ЕЗАУЭ АНЗОР ЗЫХЭТА НЭТЫН ЗАНЩIЭ

КъБР-м и Правительствэм интернетым щиIэ напэкIуэцIымрэ VK интернет-утымрэ иджыблагъэ щекIуэкIащ КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор и нэтын занщIэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке