Статьи на кабардинском языке

ЩIАЛЭГЪУАЛЭМ Я УНЭТIАКIУЭ

IуэхуфIхэр зи плъапIэ, зи зэфIэкIым зезыгъэужьыну, щIэ гуэр къызэрищIэным сытым дежи хущIэкъу, а и щIэныгъэр жылагъуэм жыджэру хуэзыгъэлажьэ пщащэщ Тау Стеллэ. Ар щеджащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и экономикэ факультетым, иужькIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ аспирантурэм. Еджэным фIыуэ ехъулIэ хъыджэбзым мызэ-мытIэ къихьащ КъБР-м и Iэтащхьэм, Нэгумэ Шорэ и цIэкIэ ягъэува стипендиехэр.

ЭЛЕКТРОКЪАРУУЭ КЪЭДЛЭЖЬЫМ ДРИКЪУЖУ

2030 гъэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым электрокъарууэ езым къилэжьыжым и куэдагъыр киловатт мелард 1,8-м щхьэдэхынущ. Апхуэдэ гугъэхэр уагъэщI республикэм и энергетикэ IэнатIэм иужьрей илъэсхэм жыджэру зэрызиужьым.

ЩЫЗЭДАГЪЭХЪАР ГЪУНЭНШЭЩ

Кавказыр къыщазэу лъэхъэнэ дыджым лIыгъэ зезыхьа ди лъэпкъэгъухэм я сатырым вагъуэ лыду зи цIэр къахэщхэм ящыщщ Сэфралыкъуэ Мэт.

ЛIЫХЪУЖЬЫМ И ЩIЫХЬКIЭ

Совет Союзым и ЛIыхъужь Яхэгуауэ Михаил и фэеплъу Къэбэрдей-Балъкъэрым картингымкIэ и чемпионат зэIуха иджыблагъэ Нарткъалэ къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ Ставрополь крайм, Ростов, Волгорад областхэм, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Къэрэшей-Шэрджэсым, ди республикэм я командэхэр.

ГУАУЭШХУЭЩ КЪЭХЪУАР

КъБР-м и Парламентым и депутатхэр хабзэубзыху IэнатIэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ я пашэу хэтащ Москва областым щыIэ «Крокус Сити Холл» концерт гъэлъэгъуапIэм къыщыхъуа гузэвэгъуэм хэкIуэдахэм я благъэхэм ядэщыгъуэу къызэрагъэпэща Iуэхум.

КЪУРШ ХЪЫБАР

Дунейр къызэригъэщIрэ илъэс мелард бжыгъэ хъужами, цIыхур абы куэд щIауэ щыпсэуми, мы ЩIым щэхуу пкърытыр иджыри къэс къахуэтIэщIакъым. ЗыхэтщIыкIыр зырикIщ, къыдгурымыIуэмрэ дымылъагъумрэ елъытауэ. Ауэ, иужьрей къэхутэныгъэхэм ящыщщ Кърымымрэ Кавказымрэ зы къурш тхыцIэм щыщу къызэрахутар.

ЖЫГ ХАДЭЩIЭХЭМ КЪАХОХЪУЭ

Кавказ Ищхъэрэм статистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, уней IуэхущIэхэм, фермерхэм, я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэм псоми зэхэту пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу нэгъабэ кърахьэлIэжащ тонн мин 785,9-рэ икIи ар процент 19,5-кIэ нэхъыбэщ 2022 гъэм елъытауэ.

НАЛШЫК КЪАЛЭ И УЭРАМХЭР КЪЫЗЭЩIАГЪАБЛЭ

«Уафэ къабзэ» программэм ипкъ иткIэ Налшык къалэм щызэфIагъэкIащ Владикавказ къалэм хуэкIуэ дэкIыпIэм хыхьэ, метр 1200-рэ зи кIыхьагъ гъуэгу гъунэм Iут пкъохэм иджырей уэздыгъэхэр фIэдзэным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр.

ПСЫ КЪАБЗЭ ЯIЭРОХЬЭ

Шэджэм Ищхъэрэ къуажэм щыпсэухэм я унэхэм псы къабзэ зэрекIуалIэ, километри 3,2-рэ зи кIыхьагъ бжьамийхэр мы махуэхэм зэрахъуэкI, иджырей мардэм кърагъэтIасэ.

ЗЭКЪУЭТЫНЫГЪЭМ И ЩАПХЪЭТ

2024 гъэм гъатхэпэм и 21-м Урысейм и ЦИК-м 163-нэ зэIущIэр иригъэкIуэкIащ икIи  Урысей Федерацэм и президент хэхыныгъэхэм къарикIуа­хэм теухуа протоколым мы­хъур трагъэуащ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке