Статьи на кабардинском языке

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ. Абыхэм ящыщ зыщ компьютер Iэмалхэр къагъэсэбэпу ныбжьыщIэхэм яхуэгъэзауэ ялэжь щIэпхъаджагъэхэр. 

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ хамэ къэралу 10-м, Урысейм и щIыналъэхэм ящыщу 48-м я спортсмен 2160-рэ. 
ГъэщIэгъуэну икIи гуащIэу екIуэкIа зэIущIэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм медаль бжыгъэхэмкIэ етIуанэ увыпIэр къыщихьащ. 

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы гупурэ гуэшауэ щызэпеуащ я ныбжькIэ илъэс 14 - 15, 16 - 17, 18 - 20-м къриубыдэ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ, псори зэхэту 1600-м нэблагъэ, къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 62-м къикIауэ. 

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ къэралым и боксер лъэщу 117-рэ.

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ

Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ, Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэр зи нэIэ щIэт Новак Александр видеозэпыщIэныгъэ IэмалкIэ иджыблагъэ зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ Кавказым и инвестицэ зэхуэсышхуэр къызэгъэпэщынымрэ ар егъэкIуэкIынымрэ зи пщэрылъ къызэгъэпэщакIуэ гупым хэтхэм. 

Адэжь щIыналъэм щохьэщIэ

Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я федерацэм и уна­фэщIымрэ абы хэтхэмрэ мы махуэхэм Урысей Федерацэм адыгэхэр зэрыс и хэгъэгухэм щохьэщIэ, Адыгэ Хасэхэм цIыхухэм щахуозэ, республикэ унафэщIхэм йопсалъэ. 

Зэран къызэрытхуэхъу Iэмалхэр мэбагъуэ

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ - ­КъБР-м и министр Къуэшы­рокъуэ Залымрэ КъБР-м и Прокуратурэм экстре­миз­мэм­рэ терроризмэмрэ пэ­щIэ­тыным, лъэпкъ зэхущы­тыкIэхэм, къэрал шынагъуэншагъэм теухуа законхэр зэрагъэзащIэм кIэлъы­плъы­ным-
кIэ и къудамэм и унафэщI Шурдым Анзоррэ иджыблагъэ журналистхэм яIущIащ. 

МАКЪАМЭ ТЕЛЪЫДЖЭМ И ЛЪАХЭМ

Налшык дэт Музыкэ теат­рым иджыблагъэ ще­кIуэ­кIащ «Му­зыкальный диа­лог» концертыр, КъБР-м и цIыхубэ артист Къэбэрдо-къуэ Муратрэ ди республикэм щIыхь зиIэ и артист Бэрбэч Аскэррэ зэ­да­гъэ­хьэ­зырар. 

ВЕТЕРАНХЭМ ГУЛЪЫТЭ ХУАЩI

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэмрэ къэрал кIуэцIы­дзэхэмрэ я ветеранхэм я махуэм теухуа зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ОВД-мрэ ВВ-мрэ я ветеранхэм я советым. 

ДИ ЛЪАХЭГЪУХЭР КЪРАГЪЭБЛАГЪЭ

Тыркум щылажьэ кавказ хасэхэм я федерацэм ­(КАФФЕД) хэтхэр мы махуэ- хэм КИФЩI-м адыгэ зэрыс и республикэхэм щохьэщIэ. Ахэр дыгъуасэ ирагъэблэгъащ ­КъБР-м и Парламентым. Хьэ­щIэ­хэм яIущIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и унафэщIым и къуэдзэ Къар- дэн Мурат, Дунейпсо Адыгэ Ха­сэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке