АДЗЭПШ - РЫЧЭПСТЭ

Къэрэшей-Шэрджэсым и щIыпIэцIэхэм ятеухуа ди тхыгъэхэм ящыщ зым къыщыхэдгъэщат иджырей Архъызым и Iэгъуэблагъэм къэрэшейхэр мымащIэу зэрыщитIысыкIар лъахэхутэхэм щхьэусыгъуэ ящIу, абы къедза щIыгум и тхыдэри, фIэщыгъэу узыщрихьэлIэхэри а лъэпкъым и закъуэ ей хуэдэу къыщIрагъэдзыну хуэщIэкъухэр куэд зэрыхъуар. АтIэми, дэ къызэрытлъытэмкIэ, апхуэдэ бгъэдыхьэкIэ зезыхьэхэр къызэрекIуэкIам и щыпкъапIэм нэплъысыныр, зэрыщытар ипэжыпIэкIэ зэхагъэкIыныр зи щхьэ тезымылъхьэхэр аращ.
МызыгъуэгукIэ, Къэрэшей-Шэрджэсым къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щиIэ и къуршылъэхэм дызыщыхуэзэ щIыпIэцIэхэм ящыщу тIур къыхэдгъэщынщ.
 Адзэпш (Адзапш)
Ар я фIэщыгъэщ ди гъунэгъу республикэм къухьэпIэмкIэ нэхъ пыIудзауэ щежэх Лабэшхуэ ищхьэхэмкIэ къыщыхэлъадэ Санчаро и псы къуэпсхэм ящыщ зыми, абдежым къыщыщIэж псы пщтыр хущхъуэхэми (псори зэхэту 20-м щIегъу), къуршымкIэ къыщыпэгъунэгъу Абхъаз Республикэр зи хэщIапIэ Бзыбэ (Бзыбь) тIуащIэ абрагъуэм узэрыщхьэдэх хъу шытх цIэрыIуэми (метр 2496-рэ и лъагагъщ).
 Лъахэхутэхэм я нэхъыбэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, «Адзэпш» псалъэр IыхьитIу зэхэтщ. Япэр «пщтыр» мыхьэнэ къызэрыкIыу абазэхэм я бзэм хэт «адзэ» жыIэкIэрщ, етIуанэр, «пш» пычыгъуэр, дэ, адыгэхэм, «псы» зыхужытIэрщ.
Рычэпстэ (Речепста)
Инжыджышхуэ и псыхъуащхьэхэм къыщекIуэкI щIыпIэцIэхэм ящыщ зыщ.
 Тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Фёдоров Яков и тхылъ гъуэзэджэу «КъухьэпIэ Кавказым и топонимикэмрэ и этно-тхыдэмрэ ехьэлIа языныкъуэ Iуэхугъуэхэр» («Топонимика Западного Кавказа и некоторые вопросы его этнической истории») зыфIищам и 282-нэ напэкIуэцIым дыщрохьэлIэ: «Абхъаз-адыгэ топонимикэр щытепщэу щыта щIыналъэхэм ящыщ зыщ Инжыджышхуэ псым зыкъыщызэщIикъуэ къурш жьанэхэри. АбыкIэ щыхьэту къэувыфынущ Архъыз хэлъэдэж Рычэпстэ псы цIыкIум зэреджэри. ФIэщыгъэр тынш дыдэу абхъаз-адыгэбзэхэмкIэ пхузэпкърыхынущ. Япэ пычыгъуитIым, «ры-чэ» - м, абхъазыбзэкIэ къарыкIыр «жьауапIэ», «псыпцIалъэ» мыхьэнэхэр аращ. ЕтIуанэ пычыгъуитIыр, «пс-та» - р, тIууэ зэщхьэщыхащи, япэр, «пс» («псы») – р, абхъаз-адыгэбзэхэм зэдай псалъэщ, «та» - р щIыпIэр къэзыгъэлъагъуэщ».
АтIэми, апхуэдэу йоджэ а лъэныкъуэмкIэ щыIэ къуршылъэхэр зэпызыщIэ Абишира – Ахуба бгы екIуэкIым къыщIэж псы бгъунж цIыкIур зыбгъурыж Iуащхьэ джафэшхуэми (метр 32I4-рэ и лъагагъщ), Уарпрэ Лабэрэ я псыхъуащхьэхэр зэпызыщIэ щхьэдэхыпIэми. Къэдгъэлъагъуэмэ, Рычэпстэ Архъыз холъадэ, езы Архъыз Псыш хохуэж, Псыш Инжыджышхуэ и кIуапIэщ.
ЩIыпIэцIэхэр джыным куэд щIауэ дихьэх лъахэхутэ-щIэныгъэлI цIэрыIуэ Твёрдый Александр «Кавказым и топонимикэ псалъалъэ» и тхылъым, 2011 гъэм къыдигъэкIам, зэрыщитхымкIэ, «Рычэпстэ» фIэщыгъэр «Дыгъэ зыдэмыпсэ псыхъуэ» мыхьэнэми хуэбгъакIуэ хъунущ.     
 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.04.2026 - 09:01

Гъуэгу захуэ тету къежьахэт...

2026 гъэм мазаем и 1-м щегъэжьауэ Урысейм щагъэлъагъуэ ВГТРК-м (Россия-1) и ­журналист Медведев Андрей къыдигъэкIа «Предательство» документальнэ фильмыр.

13.04.2026 - 09:00

Кхъэр ягъэкъабзэ

IутIыж махуэшхуэм и пэ къихуэу Къэбэрдей-Балъкъэрым гулъытэ хэха щыхуащI кхъэхэм кIэлъыплъыным. ЦIыхухэр зэрылъэIуам къыхэкIыу, Прохладнэм дэт кхъэжьым и щытыкIэр къапщытащ къулыкъущIэхэм.

12.04.2026 - 12:25

«Iуащхьэмахуэ и щыгу щагъэзащIэ къафэхэр»

КъБР-м и Музыкэ Къэрал театрым мэлыжьыхьым и 9-м къыщызэIуахащ «Iуащхьэма­хуэ и щыгу щагъэзащIэ къа­фэхэр» лъэпкъхэм зэдай Iуэ­рыIуатэ фестивалыр. 

11.04.2026 - 15:02

Парламент зэдэлэжьэныгъэм зрагъэужь

Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуащ Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм и Парламентым и лIыкIуэ гуп.

11.04.2026 - 09:03

ЩIыхэр зэрагъэзахуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я советым хэтхэм я зи чэзу зэIущIэр ды­гъуасэ КъБР-м и Правитель­ствэм и Унэм щрагъэкIуэкIащ.