СУРДОЛИМП ДЖЭГУХЭМ ХЭТЫНУЩ САТIУШЫМРЭ ЖЫЛЭМРЭ

Подмосковьем хыхьэ Покровскэ къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзымыххэм тхэквондомкIэ я урысейпсо чемпионат. КъБР-м ТхэквондомкIэ и федерацэм и секретарь нэхъыщхьэ Къанкъул Беслъэн хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, абы медалищ къыщахьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэм.

Щыбэна хьэлъагъхэм къапэлъэщын къахэкIакъым СатIушы Мадинэрэ (кг 49-м нэблагъэ) Жылэ Татьянэрэ (кг 67-м щIигъу). Къущхьэ Миланэ домбеякъ медалыр къыщихьащ килограмм 67-м щIигъухэм я зэхьэзэхуэм.

Урысей Федерацэм и чемпионатым къыщагъэлъэгъуа зэфIэкI лъагэхэм япкъ иткIэ СатIушымрэ Жылэмрэ Iэмал къахукъуэкIащ Сурдолимп джэгу-2022-м хэтыну. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Мадинэ тхэквондомкIэ иджырей дунейпсо чемпионщ. Татьянэ зэкIэ ещанэщ, ауэ къапэщылъ зэхьэзэхуэ иным ирихьэлIэу иригъэфIэкIуэну дыщогугъ.

СатIушымрэ Жылэмрэ егъасэ Ахъмэт Амир.

XXIV гъэмахуэ Сурдолимп джэгухэр мы гъэм и накъыгъэм и 1 - 15-хэм Кашиас-ду-Сол бразил къалэм щызэхэтынущ. Спорт лIэужьыгъуэ 21-м и медаль комплект 200-м щIигъум абы щыщIэбэнынущ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, зэхьэзэхуэм хэтынущ къэрали I08-м щыщ спортсмен мини 3-м щIигъу.

МЭЗКУУ Къан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.02.2026 - 17:23

МурадыфIхэм хуэгъэпса зэхуэсыпIэщIэ

Урысейм щыяпэу ди республикэм щы­зэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер.

13.02.2026 - 09:13

Я нэIэ зытетыпхъэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуратурэм къыщапщытэжащ блэкIа илъэсым я лэжьыгъэм кърикIуахэр, яубзыхуащ законымрэ хабзэмрэ гъэбыдэным ехьэлIауэ 2026 гъэм зэфIахыпхъэхэр.

13.02.2026 - 09:12

ЩIэныгъэмрэ унагъуэмрэ

«Урысейм и егъэджа­кIуэ­хэр» урысейпсо форумым жыджэру хэтахэм ящыщщ ди университетыр.

13.02.2026 - 09:10

ГъэпцIакIуэхэм япэщIоувэ

ГъэпцIакIуэхэр куэд хъуащ ди зэманым. Псом хуэмыдэу телефонкIэ апхуэдэ мыхъу­мыщIагъэ зезыхьэ щIэпхъаджащIэхэм махуэ къэс япэщIохуэ цIыхубэр. 

12.02.2026 - 09:03

Хэкум и хъумакIуэхэм я фэеплъ пхъэбгъухэр

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и къуажэ курыт еджапIэхэм фэеплъ пхъэбгъухэр щыхуфIадзащ Хэкум и хъума­кIуэхэм.