ЗЭХЪУАПСЭ ЕХЪУЛIЭНЫГЪЭ ЗИIЭ КЪУАЖЭ Главные вкладки

Шэджэм районым хыхьэ Щхьэлы-къуэ­ къуажэм дэт секцэ цIэрыIуэм иджыблагъэ щыIащ боксымкIэ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Фархутдинов Викторрэ УФ-м СпортымкIэ и министерствэм и лIыкIуэ, боксымкIэ командэ къыхэхахэм я лэжьыгъэм кIэлъыплъ Назаров Сергейрэ спортсменхэр я гъусэу. 

Боксёр ныбжьыщIэхэм щадэуэршэрым Фархутдиновым къыхигъэщащ илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм Щхьэлыкъуэ дэт спорт пэшым зыщызыгъэса щIалэ куэд къэралым и командэ нэхъыщхьэм хэту зэрыщытар икIи республикэри къэралри хуэфэщэну дунейпсо утыкум къызэрыщагъэлъэгъуар. Абыхэм ящыщщ дунейпсо класс зиIэ спортым и мастеру 2, Урысей Федерацэм спортым и мастеру 35-рэ, Европэмрэ дунейпсо зэ­хьэ­зэхуэхэмрэ къыщыхэжаныкIауэ е щытекIуауэ боксёрипщI, я ныбжь елъы­тауэ урысейпсо зэпеуэхэм щытекIуа е къы­щыхэжаныкIауэ 40-м нэблагъэ. 
Урысей Федерацэм боксымкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэр спортсменхэмрэ абыхэм я гъэсакIуэхэмрэ ехъуэхъуащ лъабжьэ быдэ къуажэм щызыгъуэта чемпион хабзэм адэкIи къыпащэну. Назаровым къыхигъэщащ мы жылэ цIыкIум и закъуэ иIэ спорт ехъулIэныгъэхэр Урысей Федерацэм и щIыналъэ куэдым я хъуапсапIэу зэ­рыщытыр. 
ХьэщIэхэмрэ Щхьэлыкъуэ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ КIэрэф Асте­мыррэ къызэхуэсахэр къагъэгугъащ иджырей мардэхэм хуэфащэ боксымкIэ центрым и проектыр ягъэхьэзырыну. Ухуэныгъэхэм щIадзэну я мурадщ 2023 гъэм. 
ЗэIущIэм и кIэухыу Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэт боксёрхэм спорт­смен ныбжьыщIэхэм утыку къы­зэрихьэну щыгъынхэмрэ Iэлъэхэмрэ тыгъэ хуащIащ. 
 

Къэхъун Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.07.2026 - 18:48

Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яхуэзащ УФ-м и Президен­тым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ феде­-ральнэ щIыналъэм щыIэм и къуэ­дзэ - Къэзакъхэм я урысейпсо ­зэгухьэныгъэм

17.07.2026 - 09:03

Ди тхылъ тедзапIэр нэхъыфIхэм хабжэ

Налшыкрэ Пятигорскрэ я тхылъ тедзапIэхэр хагъэхьащ «Илъэсым и тхылъ нэхъыфI» зэпеуэм къыщыхэжаныкIауэ къалъыта IуэхущIапIэ 50-м. 

17.07.2026 - 09:03

Хуиту дыбэуэжат

ФIыгъуэмрэ гуфIэгъуэмрэ зи гура- щэу псэу лэжьакIуэбэр игъэхыщIат ­лъахэм къытепсыха гуауэшхуэм.

16.07.2026 - 08:40

Республикэм къыщагъэсэбэпынущ къэралым щыIэ IэмалыфIхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яIущIащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Крючков Вячеслав, КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, бжыгъ

16.07.2026 - 08:35

ЛIыхъужьхэмрэ щIэблэмрэ зэзышалIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лъэпкъ Iуэху­хэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм ­Iуа­щхьэмахуэ лъапэ иджыблагъэ щригъэкIуэкIащ «Лъэпкъ зэхуаку лагерым» хэтхэмрэ дзэ Iуэху хэхам щыIахэмрэ я