НЭУЖЬОКЪУЭ НАЗИР ФИ ДЭIЭПЫКЪУНЫГЪЭ ХУЭНЫКЪУЭЩ

1997 гъэм къалъхуа Нэужьокъуэ Назир Аслъэн и къуэр Астрахань областым щыIэ, гъуэгум асфальт тезылъхьэ IуэхущIапIэм щылэжьэну кIуауэ насыпыншагъэ къыщыщIащ. ЩIалэм и узыншагъэр зэфIигъэувэжын папщIэ ахъшэшхуэ хуэныкъуэщ икIи цIыхухэр абы дэIэпыкъуэгъу хуэхъуну мэлъаIуэ Назир и анэ Нэужьокъуэ Маринэ Хьэдис и пхъур.
«2020 гъэм бадзэуэгъуэм и I5-м пщэдджыжьым жьыуэ си къуэмрэ абы и гъусэ ди къуажэгъу щIалэмрэ я IуэхущIапIэм и транспортым емыжьэу (ар къутат), лэжьапIэм къыкIэрымыхун папщIэ я ныбжьэгъум и машинэмкIэ дэкIащ икIи гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэм хэхуащ. А махуэм Назир Астрахань къалэм и сымаджэщым пIащIэгъуэкIэ операцэ щащIащ. Ар екIуэкIащ сыхьэтихрэ ныкъуэкIэ.
ЩIалэр псэууэ кърагъэлами, и гъащIэмкIэ шынагъуэ къезыт фэбжьышхуэ хихащ гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэм. Назир япэ гупым хыхьэ ныкъуэдыкъуагъэ бгъэдэлъ хъуащ.
Москва къалэм дэт «Три сестры» реабилитацэ центрым защыхуэдгъазэм, 202I гъэм и бадзэуэгъуэ мазэм абы драгъэблэгъащ. Абы къызэрыщеIэзам текIуэдащ сом 2 475 000-рэ. ГущIэгъу зыхэлъ цIыхухэм я дэIэпыкъуныгъэкIэ а ахъшэр зэхуэтхьэсыфауэ щытащ. Абы Назир и узыншагъэм зыкъыдигъэзащ.
КъыкIэлъыкIуэ Iэзэгъуэр едгъэкIуэкIын папщIэ сом 3 825 000-рэ дыхуэныкъуэщ, ар ди унагъуэм тхузэфIэмыкIынщ. ДыныволъэIу щытыкIэ хьэлъэм дыкъикIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу фыкъытхуэхъуну», - захуегъазэ цIыхухэм Нэужьокъуэ Маринэ.
Инстаграм напэкIуэцIыр: https://www.instagram.com/help__nauzhokov__nazir_
Ахъшэр евгъэхь хъунущ мы реквизитымкIэ:
Картэм и номерыр: 5469600025533589 (Марина Хадисовна Н.)
Картэр епхащ мы телефон номерым: 89604318905. (Марина Хадисовна Н.)

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.11.2026 - 09:34

Хэкупсэ гъэсэныгъэр япэ ирагъэщ

Дыгъуасэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Налшык щыIащ Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий.

17.11.2026 - 09:28

Гугъэрэ гукъинэрэ зиIэр цIыхущ

Лэскэн районым и Хьэтуей къуажэм зэхыхьэ щхьэпэ щызэхашащ.

17.11.2026 - 09:27

Лъэпкъхэм я лIыхъужьхэр

КъБКъУ-м щокIуэкI «Герои мифов и легенд народов России» гъэ­лъэгъуэныгъэр. 

16.11.2026 - 09:22

Адыгагъэр, цIыхугъэр, хабзэр и лъабжьэу

Къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 21-рэ ирокъу Ставрополь къалэм щызэхэт «Адыгэхэр» щэнхабзэ центрыр.

15.11.2026 - 10:01

Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и УнафэщIу ягъэува Дегтярев Игорь республикэм и судыщIэхэм щрагъэцIыхуа зэIущIэм.