КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек Шэджэм щIыналъэр къеплъыхь

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ Шэджэм районыр къызэхикIухьащ. Псом япэу ар къыщыувыIащ Эль-Тюбю къуажэм икIи абы дэт фельдшер-акушер пунктым еплъащ. Мы IуэхущIапIэр цIыху  270-м щIигъум я узыншагъэм кIэлъоплъ. Пэшхэр зыхуеину Iэмэпсымэхэмрэ аппаратурэмкIэ къызэгъэ­пэщащ, тэмэму ягъэплъ, псы щIыIэри хуабэри яIэщ. Санитар автотранспортыр къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ программэм хиубыдэу абы къратащ бгылъэ щIыпIэ­хэм медицинэ дэIэпы­къуныгъэ псынщIэ къы­щызэгъэпэщыным хуэщIа машинэ.

КIуэкIуэ Казбек апхуэдэу еплъащ гъэ къэс турист куэд здэкIуэ щIыпIэхэм -  «Къайсын ухуэзышэ лъэбакъуищэ» мемориалымрэ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Кулиев Къайсын къыщалъ­хуа унэмрэ, мы тхыдэ-этнографие комплексым зегъэу­жьы­нымкIэ лэжьыпхъэхэм теухуауэ бысымхэм жаIахэм хэплъащ.
Республикэм и унафэ­щIыр Булунгу къуажэм ­Шахмурзаев Сэхьид и цIэр зэрихьэу дэт курыт школым еплъащ. Абы псори зэхэту сабийуэ 139-рэ къокIуалIэ, абыхэм ящыщу 26-м я ныбжьыр школ щIэтIысхьэ­гъуэм нэсакъыми, мыбы хэт са­дым щыIэщ.
Къуажэм щылэжьын хуейхэм ящыщу республикэм и унафэщIым къыхигъэщ­хьэ­хукIащ гъуэгур егъэфIэ­кIуэныр, абы екIуалIэ маршрутым транспорт тегъэувэныр, жьы хъуа щэнхабзэ IуэхущIапIэм и пIэкIэ апхуэдэ унэщIэ къуажэм дэ­щIыхьыныр 2019 гъэм и планым хэгъэхьэн зэры­хуейр.
Хъущтэ-Сырт къуажэм КIуэкIуэ Казбек щеплъащ абы дэт фельдшер-акушер пунктым, апхуэдэу «Урысей зэкъуэтым» и парт проектым ипкъ иткIэ цIыху 300 щIэхуэу 2018 гъэм къызэIуаха щэнхабзэмкIэ унэм.
Шэджэм Ищхъэрэ къуа­жэм нэса иужь КIуэкIуэ Казбек щэнхабзэмкIэ унэм еп­лъащ,­ апхуэдэу къуажэ ­уна­фэщI­хэм ящIыгъуу теп­сэ­лъыхьащ дохутыр ам­бу­латорэр къызэхуэтыншэу ­зэгъэпэщыжын, абы и щхьэм­рэ инженер комму­никацэхэмрэ зэхъуэ­кIын, пщIантIэр зэIузэпэщ щIын зэрыхуейм.
КъБР-м и Iэтащхьэм и къа­лэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр апхуэдэу еплъащ Шэджэм Ищхъэрэ - Бедык хъупIэ автомобиль гъуэгум хиубыдэу зэрагъэпэщыжа лъэмыжым. Ар къуажэм и кум хуозэ. Лъэмыжым и щIэ­гъэкъуэнхэр зэрытIысам къы­хэкIыу ущызекIуэну шынагъуэ хъуати, зэхуащIри ар зыхуей хуагъэзащ.
Лашынкъей къуажэм КIуэкIуэ Казбек щеплъащ щэнхабзэм, узыншагъэр ­хъумэным пыщIа IуэхущIапIэ зыбжанэм, апхуэдэу ­Къуэныкъуей Назир и цIэр зезыхьэ курыт школ №1-м. Ар зы сменэу мэлажьэ икIи еджакIуэ 350-рэ къокIуалIэ. Абы къедза сабий садым зыхуей хуэзэу я махуэр щагъакIуэ цIыкIу 81-м. Республикэм и Iэтащхьэмрэ педагогхэмрэ щызэпсалъэм ­къаIэтащ мы IуэхущIапIэм псоми я зэхуэсыпIэ пэш, спортзал, шхапIэ зыхэт Iыхьэ къыгуэщIыхьыпхъэу зэры­щытыр.
Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м, курыт еджапIэ №3-м къыгуэт сабий садым, предмет щхьэхуэхэр нэхъ куууэ щрагъэджу Шэджэм къалэм дэт курыт еджапIэ №1-м еплъа нэужь республикэм и Iэтащхьэм къыхигъэщхьэхукIащ а IуэхущIапIэхэм къыхагъэхъуэн, зи школ кIуэгъуэ мыхъуа сабийхэр зэкIуэ­- лIэн садхэмрэ яслъэхэмрэ ящIын зэрыхуейр.
КъБР-м и Iэтащхьэм и ­къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр апхуэдэу щыIащ ­сабийхэмрэ ныбжьы­щIэ­хэмрэ папщIэ Шэджэм къалэм дэт спорт IуэхущIапIэм. Мыбы щIалэгъуалэр бас­кетболым, волейболым, шах­матым, дзюдом, атлетикэ хьэлъэм, псы есыкIэм щыхуа­гъасэ, футбол джэгупIэ хэтщ. 2018 гъэм яухуэри къы­зэIуахащ спорт бэнэ­кIэхэм щыхуагъасэ пэш щхьэхуэ, цIыхуи 150-м ятещIыхьауэ.
Зэплъа жылагъуэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ щызэфIэгъэкIын хуейхэм япкъ иткIэ Шэджэм районым и уна­фэщIхэм хуагъэуващ муниципальнэ щIыналъэхэм я социально-экономикэ зыу­жьыныгъэр щIэгъэхуэб­-жьэ­нымкIэ, жылагъуэхэр зэIу­зэпэщ щIынымкIэ, со­циаль­нэ инфраструктурэм и IуэхущIапIэу иджыпсту яухуэхэр нэгъэсыжынымкIэ, инженер сетхэр, гъуэгухэр ­къэ­гъэ­щIэрэщIэжынымкIэ, цIыху­хэр зэблэу къыхэ­мы­кIыу газкIэ, псыкIэ къызэгъэ­пэщынымкIэ лэжьыпхъэ-хэр.
 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.