КЪЭРАЛЫМ И ЧЕМПИОНАТЫМ ИРАГЪЭБЛАГЪЭ

Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ стIолыщхьэ теннисымкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и чемпионат. Абы и гуп, щхьэзакъуэ саугъэтхэм щIэбэнащ Ставрополь крайм, Дагъыстэным, Шэшэным, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ спортсмени 100-м щIигъу.
Хубжьу удэзыхьэхыу икIи жыджэру екIуэкIа зэпэщIэтыныгъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухъу, цIыхубз командэ къыхэхахэм зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ. ЦIыхухъухэм я гупым хэтащ Сибэч Къантемыр, Ацкъан Артур, Чимбарцев Владислав, КIэгъэду Ислъам, Темыржан Заур сымэ. ЦIыхубзхэм я командэ къыхэхам хэту пашэныгъэр яубыдащ Хьэдзэдж Бэллэ, Iэпщэ Жаннэ, Гацаевэ     Галинэ, Кушаева Фаридэ, Котовэ Анастасие сымэ. Ахэр хэтынущ Урысей Федерацэм и щхьэзакъуэ-командэ чемпионату гъатхэпэм и кIэм Оренбург щекIуэкIынум.
 ТIурытIурэ зэгъусэу зэхьэзэхуахэм я деж Чимбарцев Владиславрэ КIэгъэду Ислъамрэ етIуанэ щыхъуащ. Ацкъан Артуррэ Сибэч Къантемыррэ ещанэщ.
ЦIыхубзхэм я тIурытI зэпеуэм и дыжьын медалхэр зыIэрагъэхьащ Котовэ Анастасиерэ Сундиевэ Елизаветэрэ. Адиханян Амалие – Ныр Фатимэ, Хьэдзэдж Бэллэ – Iэпщэ Жаннэ сымэ ещанэ хъуащ.
  Гуп зэхэтхэм (микст) хэгъэрейхэр щэнейрэ къыщыхэжаныкIащ. Дыжьыныр КIэгъэду Ислъамрэ Адиханян Амалиерэ ялъысащ, домбеякъыр зэдаугуэшащ Ацкъан Артуррэ Куашаевэ Фаридэрэ, Сибэч Къантемыррэ Iэпщэ Жаннэрэ я гупхэм.
 СтIолыщхьэ теннистымкIэ Кавказ Ищхъэрэм и чемпионатым и щхьэзакъуэ зэхьэзэхуэм и ещанэ увыпIэхэр щаубыдащ Сундиевэ Елизаветэ, Гацаевэ Галинэ, Чимбарцев Владислав, Ацкъан Артур сымэ.

Жыласэ Замир.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.12.2025 - 09:03

ЛIакъуэ­хэм я зэпыщIэныгъэ

КъБР-м Узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министерствэм Лъы щат и станцыр «Лъы зытым и код. Хэкум и хъумакIуэхэр» урысейпсо акцэм хэту ирагъэ­кIуэкIа «Лъы тын.

05.12.2025 - 09:03

«Уэрэдыр и кIэм нэмысу»

Адыгэ литературэм и ­лъабжьэгъэтIылъ ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ илъэси 125-рэ зэрырикъум  и щIыхькIэ «Уэрэдыр и кIэм нэмысу» зыфIаща марафон-зэпеуэ щрагъэкIуэ-кIащ Бахъсэнёнкэ къуажэм    Щэн­х

05.12.2025 - 09:03

Анэхэм йогуапэ

 Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэм я советым и тхьэмадэ, полицэм и полковникыу лэжьыгъэм пэрыкIыжа Хужьо­къуэ Русланрэ щыIащ  я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда я лэжь

05.12.2025 - 09:03

Егъэджэныгъэм гулъытэ хэха егъуэт

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татья­нэ я пашэу, депутатхэр иджыблагъэ щыIащ Налшык къалэм и курыт еджапIэ зыбжанэм.

04.12.2025 - 15:02

Гъуазэ яхуохъу

«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэр зэрыщыгъуазэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс зыбжанэ хъуауэ «Шынагъуэншагъэм и еджапIэ» зыфIаща щIалэгъуалэ пэхуэщIэм епха Iуэхугъуэ щхьэпэхэр щокIуэкI.