ПСЕЙХЭР ЩХЬЭХУЭУ ЗЭЩIАКЪУЭЖ

ИлъэсыщIэм къагъэсэбэпа псейхэр зэщIэкъуэжыным теухуа Iуэху щхьэпэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм. Ар зэщIыгъуу къызэрагъэпэщат Налшык къалэ администрацэм, «Экологистикэ»-м, къалэм зегъэужьынымкIэ «Платформэ» IуэхущIапIэмрэ «Зеленый дозор» экологие зэщIэхъееныгъэмрэ. 

ЦIыхухэм илъэсыщIэм ябла псейхэр къагъэлъэгъуа щIыпIэхэм ирашалIэурэ ятащ, абы пэкIуэж саугъэтхэри ягуэшащ. Апхуэдэу, Шортэным и цIэр зезыхьэ уэрамым деж щылажьэ хэщIапIэм ирашэлIащ псей 17, «Искож» районым псеи 10, ипподром Iэшэлъашэм псеи 2. ЦIыхухэм ящIэу къыщIэкIынукъым псейхэр зэхуэхьэсыным и сэбэпынагъыр, армыхъумэ нэхъыбэм ятыну къыщIэкIынт. 
«Экологистикэ»-м» ди цIыхухэр къыхуреджэ псейхэр кIэрыхубжьэрыхухэр щызэхуахьэс контейнерхэм ирамыдзэну. Япэрауэ, абы контейнерыр екудэ, къищынэмыщIауэ, жыгым екъутэ кIэрыхубжьэрыхухэр зэрыIуаш машинэр. НэхъыфIщ фызыхуэмеиж псейхэр контейнер джабэм деж щызэхуэфхьэсмэ. Ар «Экологистикэ»-м» щхьэхуэу Iуишынущ. 
 

 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2026 - 09:18

ПэхуэщIэхэр, туризмэр, транспортыр...

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэ­бэ­­­дей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм хэтхэм я зэIущIэ.

20.04.2026 - 09:14

IэщIагъэм гуапагъэ хелъхьэ

Балэгъы Лианэ Къулъкъужын Ипщэ къуа­жэм щыщщ.

19.04.2026 - 09:03

Тетащ дунейм нэфIэгуфIэу

Налшык и Музыкэ школ №2-м мэлыжьыхьым и 13-м фэ­еплъ концерт щекIуэкIащ.

19.04.2026 - 09:03

Лианэ и IэрыкIхэр

IэкIэ ягъэхьэзыр, лъэпкъ дамыгъэхэм щыщ зыхаухуанэ фэилъхьэгъуэхэм яIэ щIэупщIэм иужьрей зэманым зэрыхэхъуэр ди нэгу щIокI.

18.04.2026 - 09:03

Тхьэмадэм и щIыхькIэ

Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIДАА-мрэ ДАХ-мрэ я вице-президент, «Адыгэ псалъэ»  газетым и унафэщIу   илъэс 24-кIэ щыта ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс  80 зэрырикъуам иращIэкIа щIэ­ныгъэ-п