КЪЫЗЭРЫМЫКIУЭ ЩЫТЫКIЭМ ХУЭХЬЭЗЫРЩ Главные вкладки

ЩIышылэм и 20-м КъБР-м Узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министерствэм и унэм республикэм коронавирус уз зэрыцIалэр къы­щымыгъэхъунымрэ абы зэрызиубгъум щы­кIэлъыплъынымкIэ и Оперативнэ штабым ­хэтхэр журналистхэм щаIущIащ. Министр ­Къалэбатэ Рустам иригъэкIуэкIа зэIущIэм ­хэтащ «Роспотребнадзор» къэрал IуэхущIапIэм КъБР-м щиIэ и управленэм и унафэщI ­Пагуэ Жыраслъэн, КъБР-м Узыншагъэр хъу­мэнымкIэ и министерствэм и штатым хэмыт доху­-тыр-инфекционист нэхъыщхьэ Иуан Маринэ сымэ. КъулыкъущIэхэм жэуап иратащ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм ­коронавирус узыфэм, абы и теплъэщIэ «омикрон»-м ехьэлIа упщIэхэм, республикэр а Iуэхум зэ­рыхуэхьэзырым. 

«Коронавирус узыфэ зэрыцIалэм ехьэлIауэ щыIэ щытыкIэр Оперативнэ штабым и кIэ­лъыплъыныгъэм щIэтщ, - жиIащ зэIущIэр къы­щызэIуихым КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам. - «Омикрон»-р къызэрымыкIуэ щытыкIэм икI пэтми респуб­ликэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ сымаджэ мини 8 мазэкIэ зрикъун хъущхъуэрэ абыхэм зэреIэзэн IэмэпсымэкIэ щIыналъэр къызэрагъэпэщащ. Абы папщIэ хухахащ сом мелуан 35-рэ. Поликлиникэхэм къафIэмыкIыу сымаджэхэм щеIэзэныр нобэкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Коронавирусыр зыпкърыт сымаджэхэм унэм щызрахьэлIэну хущхъуэхэмрэ узыр нэхъ пасэу къэхутэнымкIэ тест-системэхэр ди хъумапIэм къытIэрыхьащ, мы махуэхэм республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм яхуэдутIыпщынущ. Унэм щIэс сымаджэхэм псынщIэу хущхъуэхэр яIэрыдгъэхьэфын папщIэ автомашинэкIэ полик­линикэхэр къызэгъэпэщащ. Iэмалыншэ хъумэ,­ ­дохутырхэр зэман кIэщIым сымаджэхэм я деж нэдгъэсыфынущ.
ЗэIущIэм зэрыщыжаIамкIэ, махуэкум ирихьэлIэу «омикрон» штаммыр япкърыту къахутащ цIыху 11-м. Абыхэм ящыщу нэхъыжьыр 1943 гъэм къалъхуащ, нэхъыщIэр илъэс 13 хъууэ аращ. А тIум кIэлъыплъыныгъэ хуэфэщэн ­ягъуэ­тын папщIэ сымаджэщым ягъэгъуэлъащ. 
«Роспотребнадзор» къэрал IуэхущIапIэм ­КъБР-м щиIэ и управленэм и унафэщI Пагуэ Жыраслъэн и къэпсэлъэныгъэм къызэрыхэщамкIэ, «омикрон» штаммыр къызыпкъры­хьахэм зыми коронавирус уз зэрыцIалэм зэрыпэщIэт вакцинэр зыхрагъэлъхьатэкъым икIи сымаджэ хъуахэр зыкIи зэпыщIакъым. «Омикрон»-р къызэпкърыхьахэм ящыщу тIу Шэджэм щIыналъэм, Дзэлыкъуэ, Аруан куейхэм зырыз щыщщ, адрейхэр налшыкдэсщ. 
«Экспресс тест-къэпщытэныгъэхэр зэрырагъэкIуэкIыну Iэмэпсымэхэр курыт еджапIэхэм мы махуэхэм яIэрыхьэнущ», - жиIащ Пагуэм. 
Иджыпсту республикэм щыIэкъым узыфэм и зэранкIэ зэхуащIа школрэ сабий садрэ. 
 «Поликлиникэхэмрэ госпиталхэмрэ щекIуэкI лэжьыгъэхэм дяпэкIэ къыхашэнущ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ къудамэмрэ республикэм щылажьэ медицинэ колледжхэм я студентхэмрэ ординаторхэмрэ, - жиIащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и штатым хэмыт дохутыр-инфекционист нэхъыщхьэ Иуан Маринэ. - Коронавирус узыфэ зэрыцIалэм и лIэужьыгъуэщIэр зыпкъ­рытхэр къыщахутэ, ахэр щагъэхъуж амбулаторэ центрхэр зэман гъунэгъум къызэIуахынущ. Абы­хэм сымаджэхэм дохутырхэм я чэнджэщ ща­гъуэтынущ, тест-къэпщытэныгъэ псынщIэхэр щрагъэкIуэкIынущ». 
КъБР-м щыIэ Роспотребнадзорым и управленэм хъыбар къызэритамкIэ, пандемиер къы­зэрежьэрэ (щIышылэм и 20-м ирихьэлIэу) ди республикэм щыщу сымаджэ хъуащ цIыху 43 656-рэ, хъужащ цIыху 39 645-рэ. Коронавирус узыфэм илIыкIащ цIыху 1 537-рэ. Мы махуэхэм коронавирус япкърыту къалъытащ цIыху 1529-м. 
Республикэм уз зэрыцIалэм укъезыгъэл иммунитет зэригъэпэщар иджыпсту зэрыхъур процент 47,9-рэщ. Коронавирусым зэрыпэщIэт ­вакцинэр щыхалъхьэ пункту 85-рэ, цIыхухэр куэду щызэхыхьэ щIыпIэхэм ягъэIэпхъуэ пункту 19 КъБР-м къыщызэIуахащ. ЦIыху нэхъыбэ щы­лажьэ IуэхущIапIэхэм кIуэуэрэ хущхъуэр хэ­­зылъхьэ гуп 59-рэ республикэм министерствэм и нэIэм щIэтщ. 
«Омикрон» штаммым псынщIэу зиубгъункIэ шынагъуэ зэрыщыIэм, апхуэдэу хъумэ абы еIэ­зэну поликлиникэм щыIэ дохутырхэр иримы­къун­кIэ гурыщхъуэ зэращIым къыхэкIыу, ­КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм коронавирусымкIэ и колл-центрым и лэжьыгъэр щIагъэхуэбжьащ. Абы теухуауэ хъыбар къы­щыпщIэфынущ е чэнджэщ щыбгъуэтыфынущ 122 номерымкIэ. 

 

Жыласэ Замир.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)