Къалэ ухуэкIэмкIэ хабзэр зэрагъэзащIэм теухуа зэIущIэ

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек КъБР-м и Правитель­ст­вэм и лэжьакIуэхэр, республикэм и муници­-пальнэ щIыналъэхэм я Iэтащ­хьэхэр хэту иригъэ­кIуэ­кIащ къалэухуэ лэ­­жьы­гъэм теухуа законодательствэр зэрагъэ­за­щIэм щыхэплъа зэIущIэ.

Зытепсэлъыхьа Iуэху­хэм ятеухуауэ абы докладхэр щащIащ КъБР-м ухуэ­ныгъэмрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр Къу­ныжь Вячеслав, КъБР-м ухуэ­ныгъэмрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэ - КъБР-м и ар­хитектор нэхъыщхьэ Унэжокъуэ Астемыр сымэ.
Нобэм ирихьэлIэу, щыжаIащ зэIущIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ къалэ округхэм, къалэ, къуажэ жылагъуэхэм ящыщу процент 96-м щIигъум адэкIэ зэрызаужьыну я генеральнэ планхэр къащтащ. Къалэухуэ лэжьыгъэм пыщIа полномочие псори иратащ республикэм и къэ­рал властым и органхэм.
Апхуэдэу щыт пэтми, языныкъуэ жылагъуэхэм нобэм къыздэсым яIэкъым хьэблэщIэхэм я транспорт, социальнэ, ком­мунальнэ инфраст­руктурэм зэгъэуIуауэ зе­гъэу­жьынымкIэ фIэкIыпIэ зимыIэ программэхэр.
КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм ткIийуэ къигъэуващ къалэухуэ, псэу­пIэ, архитектурэ законодательствэм щыубзыхуа мар­дэхэр текI имыIэу зэ­рагъэзэщIапхъэр, муни­ципальнэ кIэлъыплъыныгъэр тэмэму егъэкIуэкIын зэрыхуейр, ухуэныгъэхэр, абыхэм фэтэр куэд хъу унэхэри яхэту, ирагъэ­кIуэкIын папщIэ щIы Iыхьэ­хэр щыхухахкIэ мыхъу­мы­щIагъэхэр къагъэхъу зэ­рымыхъунур.
«Министерствэхэм, ведомствэхэм, муниципаль­нэ щIыналъэхэм я уна­фэщIхэм ящыщу къалэ­ухуэ политикэр пхыгъэ­кIы­ныр зи пщэ илъхэм я къалэнщ къагъэлъэ­гъуа мыхъумыщIагъэхэр гъэзэ­кIуэ­жыным ерыщу елэ­жьыну», - къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ Казбек.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.09.2023 - 12:25

ТУРИЗМЭМ И МАХУЭ

1980 гъэм къыщыщIэдзауэ фокIадэм и 27-р Туризмэм и дунейпсо махуэу ЩIы Хъурейм и къэрал куэдым щагъэлъапIэ.

28.09.2023 - 12:25

ЩIЭБЛЭМ АНЭДЭЛЪХУБЗЭ ЯIУРЫЛЪЫН ПАПЩIЭ

Сабийхэм тхылъ яхуэзытхым езым и псэр къабзэу щытыпхъэщ, цIыкIухэм я гурыгъухэр зыхищIэн щхьэкIэ.

28.09.2023 - 09:03

ТХЬЭ ЗАКЪУЭР ЗИ ФIЭЩ ХЪУА ЯПЭ БЗЫЛЪХУГЪЭ

Тхьэ закъуэр зи фIэщ хъуа Мусэ (Моисей) бегъымбарымрэ Рамзес ЕтIуанэ фирхьэунымрэ я зэхуаку дэлъа зэпэщIэтыныгъэмрэ, джатэдэпщым лъэпкъым къытригъэхьа леймрэ и хъыбар зэхэфхыжауэ къыщIэкIынщ.

28.09.2023 - 09:03

ХЬЭРЭ-КХЪУЭРЭ И ПИРАМИДЭХЭР

Кавказ лъэпкъхэр къызытехъукIыжа пасэрей лъэпкъыжьхэм щэху куэд къащIэнауэ нобэм къихьэсащ тхыдэм. Абыхэм ящыщщ псэ унэхэр, пирамидэхэр, сыдж, абрэмывэ телъыджэхэр. 

28.09.2023 - 08:54

АДЫГЭХЭМ (ШЭРДЖЭСХЭМ) Я МАХУЭМ ТРАУХУЭ

КъБКъУ-м и библиотекэм и художественнэ, лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэхэм тхыдэмкIэ кафедрэм и егъэджакIуэхэр ящIыгъуу, Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэм ирихьэлIэу къыщызэрагъэпэщащ «Адыги: вехи исто