ЩХЬЭГЪУСЭ

Зэгуэр лIы Iущ гуэрым и деж зы бзылъхугъэ къакIуэри къыжриIащ:
- ИлъэситI ипэ си щхьэгъусэм сэрэ ди нэчыхьыр птхауэ щытащ. Иджы нэчыхьыр схуэкъутэж, сыхуейкъым афIэкIа сыдэпсэуну.
- Сыт абы и щхьэусыгъуэр, - щIэупщIащ лIы Iущыр.
- Адрейхэм я щхьэгъусэхэр и зэманым я унэ йокIуэлIэж, сысейр сытым дежи къогувэ. Абы щхьэкIэ махуэ къэс дызэфIонэ, - къитащ жэуап.
-Аркъудей уи щхьэусыгъуэр, - игъэщIэгъуащ лIым, -фызэпызгъэкIыжынкIэ фызэпызгъэкIыжынщ, ауэ сэри зы Iуэхугъуэ бгъэзэщIэну ныпхузогъэув: унэм кIуэжи, щIакхъуэ IэфIышхуэ гъажьи къысхуэхь. Ауэ щIакхъуэм хэплъхьэнухэм щыщу унэм зыри къыщомыщтэ, атIэ шыгъури, псыри, джэдыкIэри хьэжыгъэри уи гъунэгъу фызхэм къеIых. Iэмал имыIэуи яжеIэ уи Iуэхур зытетыр.
Бзылъхугъэр кIуэжри, Iуэхум пэрыуващ. И гъунэгъум деж екIуэкIри псы тIэкIу къыIрихащ.
- Фи псыр къимыжу ара? – щIэупщIащ и гъунэгъур.
Мыдрейми и Iуэху зытетыр хуиIуэтащ.
- Е-е-е-ей, сэ си щхьэгъусэр зыхуэдэр пщIарэт… -жери къригъажьэри, сыхьэт ныкъуэкIэ и лIыр къыхуиубащ.
Бзылъхугъэр адрей и гъунэгъум деж кIуэри шыгъу Iэбжьыб щхьэкIэ елъэIуащ, щIыхуейри жриIащ. Аргуэрым и щхьэгъусэр къыхуиубащ.
ДжэдыкIэ, хьэжыгъэ къызыIихахэми къыжраIащ я щхьэгъусэхэм ныкъусэныгъэу яхэлъыр.
ИкIэм - икIэжым бзылъхугъэм щIакхъуэ щабэшхуэ игъажьэри, лIы Iущым хуихьащ.
- Упсэу, гугъуехьыншэ ухъу, сэбэп укъысхуэхъуащ, - жиIащ абы,- ауэ ди нэчыхьыр пкъутэжын Iуэху зомыхуэж.
- Сыт къэхъужар? - жиIэу лIыр щыщIэупщIэм, бзылъхугъэм жэуап къитащ:
- КъызэрыщIэкIымкIэ, сэ си щхьэгъусэр псом нэхърэ нэхъыфIщ.

ЗэзыдзэкIар НафIэдз Мухьэмэдщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.06.2026 - 09:03

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

05.06.2026 - 09:03

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр. 

05.06.2026 - 09:03

ДэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зыхуагъазэ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Iуэху­щIапIэм лъэIукIэ зы­хуэ­зы­гъэ­захэм яIущIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий.

04.06.2026 - 15:02

Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэ

КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ мэкъуауэ­гъуэм и 2-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэм щы­хэп­лъащ.

04.06.2026 - 09:49

ЩIыналъэ бюджетыр зэрагъэзащIэр

Урысей Федерацэм и Къэрал Советым и комиссэм видео зэпыщIэныгъэкIэ «Экономикэмрэ финансхэмрэ» унэ­тIы­ныгъэмкIэ конференц иригъэ­кIуэкIащ.