ТЭРЧ ГИМНАСТКЭХЭР ЩIЫНАЛЪЭ ЗЭПЕУЭМ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

ЩIышылэм и 12-17-хэм Осетие Ищхъэрэ-Аланием и къалащхьэм дэт «Манеж» спортым и уардэунэм щекIуэкIащ Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я зэхьэзэхуэ. Япэ спорт разрядымрэ спортым и мастерым и кандидатым и программэхэмкIэ щхьэзакъуэ, гуп зэпеуэхэм медалхэм щыщIэбэнащ Урысей Федерацэм и ипщэ щIыналъэм щыщ спортсмен 300-м щIигъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым художественнэ гимнастикэмкIэ и федерацэм и вице-президент Коротковэ Наталье хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, ди республикэм щыщ спортсменхэм щIыналъэ зэхьэзэхуэм хъарзынэу зыкъыщагъэлъэгъуащ. Щхьэзакъуэ зэпеуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам ещанэ увыпIэр щиубыдащ. Спортым и мастерым и кандидатхэм я программэм хыхьэ упражненэхэмкIэ домбеякъ медалыр зыIэрагъэхьащ Тэрч къалэ къикIа «Грация» командэм хэтхэм.
ЩIыналъэ зэхьэзэхуэм къыщагъэлъэгъуа зэфIэкI лъагэм ипкъ иткIэ «Грация»-р хэтынущ урысейпсо зэпеуэу гъатхэпэм Мэзкуу щекIуэкIынум. Спортсменхэр егъасэ Щомахуэ Зинаидэ.
 

Къэхъун Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.