ЩIЫУЭПС ХЪЫБАРЫЩIЭХЭР

Тенджызым хадзэ кIэрыху-бжьэрыхухэр зэщIэкъуэжыным теухуауэ илъэс зыбжанэ ипэкIэ ирахьэжьауэ щытащ The Ocean Cleanup лэжьыгъэр. Ди жагъуэ зэрыхъунти, лэжьыгъэр тэмэму мыубзыхуауэ къыщIэкIри, ар къызэтекъутат 2018 гъэм. Арами, гупыж щхьэпэ зыщIахэм я гугъэр хамыхыжу, ныкъусэныгъэхэр зрагъэзэхуэжри, иджы дыдэ утыку кърахьащ IэмалыщIэхэр.
Апхуэдэу, метр 800 зи зэхуаку дэлъ кхъухьитIым яшэщI хъы быдэри, мыпIащIэу ар ялъэф, апщIондэхукIи псым хэлъ кIэрыху-бжьэрыхур метри 3-кIэ еIэбыхыурэ къызэщIекъуэ.
СистемэщIэм и лэжьэкIэр къапщытэху щIыуэпсым и хъумакIуэхэм тенджызым къыщызэщIакъуащ тон 29-м щIигъу кIэрыху-бжьэрыху. Абыхэм я нэхъыбэр пластикщ: дзэлъэщI щеткэм къыщыщIэдзауэ тасышхуэхэм щиухыжу. Абдеж щиухыркъым системэм и къалэныр, атIэ, къызэщIакъуа пластикым и процент 95-м химическэ IэмалкIэ елэжьыжурэ, хьэпшыпыщIэхэр къыхащIыкIыжыну я мурадщ.
Къыхэгъэщыпхъэщ щIэныгъэлIхэр къизыгъэкIуэт зы Iуэхугъуэ – дакъикъэ къэс пластикэ птулъкIэ зы мелуан къыщащэху дуней псом. Илъэс 450-рэ дэкIын хуейщ а псор зэпкърыхуу, щIым хэкIуэдэжын папщIэ. Австралие, Китай, Австрие, Бангладеш, Ирландие, нэгъуэщI къэралыгъуэ зыбжанэм IэщIыб ящIащ пластикэр, и зэрану цIыхум екIыр къалъытэри. Къыщагъэсэбэпыжыххэкъым! Гу лъытапхъэщ: псы птулъкIэм и уасэм и процент 90-р зыхуэзэр езы птулъкIэрщ, псым – проценти I0-рщ иIыгъыр. Зы илъэсым къриубыдэу цIыху къэс псы птулъкIи I50-рэ къещэху, хыфIидзэжыну кумбыгъэм пщIэ щIитурэ. Абы и зэранкIи мелуан бжыгъэкIэ мэкIуэдыж тенджызым хэс псэущхьэхэр…

*  *  *
КIэрыху-бжьэрыхум елъэжьын и лъэныкъуэкIэ, Токио нэхъ къалэ лъэрызехьэ теткъым дуней псом. Бгъэс хъунур ягъэс, абы пиху Iугъуэр фильтркIэ ягъэкъабзэ, кIэгъуасэр цементым хапщэри, ухуэныгъэм яутIыпщ. Апхуэдэу, дунейм нэхъ ин дыдэу тет къалэм зы куэншыб идзыпIи кIэрыху-бжьэрыху зэхуэхьэсыпIи иIэкъым.
Уеблэмэ апхуэдэ Iэмал защIэкIэ яухуауэ хытIыгу зыбжанэ щыIэщ Японием.

*  *  *
Коронавирусым къытхузэдихьа гуныкъуэхэм ящыщщ дунейпсо хым къыщыщыхута маскэхэмрэ Iэлъэхэмрэ.
Ковид сымаджэщхэм къыщагъэсэбэпауэ хьэпшып тонн мелуани 8,4-рэ щIэлъщ псы лъабжьэм. Ар къэрали I93-м я IэдакъэщIэкIщ. Абы сыт хуэдэ зэран къылъыкъуэкIынуми, дауэ къыдэфыкIыжынуми зыми ищIэркъым.
А псори къалъытащи, щIыуэпсым и хъумакIуэхэм цIыхубэр къыхураджэ хъыданым къыхэщIыкIа, бжьыщIурэ зэман кIыхькIэ зепхьэ хъу маскэхэр зрагъэпэщыну.

*  *  *
Дызэрыщыгъуазэщи, фIамыщI къызыщIаха шахтэхэр нэщIу къонэ, зыкIи пхуэмыгъэнщIыу. Апхуэдэ щIыпIэхэр емыуэхын, цIыхум зэран къыхуэмыхъужын папщIэ, псы ирагъэлъадэу яIыгъыну я гугъат щIэныгъэлIхэм.
2016 гъэм Уэльс къыщагъуэтауэ щытащ апхуэдэ шахтэ нэщI икIи цIыхухэм я кIэрыху-бжьэрыхухэр абы иракIутэу щIадзащ. А Iуэхугъуэм зыри зэран хуэхъуакъым, икIи щIэныгъэлIхэм зэи ямыджа Iэмалщ, ауэ, зэрымыщIэкIэ къэунэхуащ кIэрыху-бжьэрыхуми, шахтэ нэщIхэми зэребэн Iэмал.

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)