ЛАСИЦКЕНЕ МАРИЕ: ТЕКIУЭНЫГЪЭЩIЭХЭР КЪЫТПОПЛЪЭ![]() Лъагэу дэлъеинымкIэ Олимп чемпион, Къэбэрдей-Балъкъэрыщ щыщ Ласицкене Марие «Матч ТВ» телеканалым иригъэкIуэкIа щIэупщIэныгъэхэм япкъ иткIэ «Илъэсым и спортсмен нэхъыфI» хъуащ. - Иджырей саугъэтым лъэхъэнэщIэм зэрызэхуэзгъэхьэзырын къаруущIэхэр къысхилъхьащ. ФIыщIэ яхузощI къыздэщIахэм, къыздэзыIыгъахэм. Фи жыджэрагъымрэ щIэгъэкъуэнымрэ икъукIэ сэбэпышхуэ къысхуохъу. Сыт хуэдэ лъэпощхьэпо къытлъыкъуэкIами, сытым дежи ди гъусэ цIыхухэр щыIэщ, си текIуэныгъэхэмрэ рекордхэмрэ абыхэм ядэзгуэшыну сыхуейщ. Атлетикэ псынщIэм иджыри зэхьэзэхуэ, дамыгъэ куэд щыIэщ дынэмысауэ. Дызэгъусэу абыхэм дыхуэкIуэнщ, - жиIащ Марие.
Жыласэ Замир.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|