КЪАНЩАУЭ ГЪУР И МЭЖДЖЫТ-КХЪЭЛЭГЪУНЭР![]() Къанщауэ Гъур и мэжджытыр, 1503 - 1505 гъэхэм яухуар, адрейхэм къахэзыгъэщыр кхъэлэгъунэ зэрыхэтырщ. Армырауэ пIэрэ Алыхьталэм и пащхьэ ихьэжыным зигу хуэкъабзэ сулътIаным шэхьид лIэкIэр и насып щIэхъуар? Куэдым зэращIэщи, Къанщауэ Гъур щыхэкIуэдауэ щытащ Мардж-Дэбикъ деж мамлюкхэмрэ тыркудзэмрэ щызэпэщIэува зауэзэрылIым, и хьэдащхьэм екIуэлIапIэ хуэхъуари щэхуу къэнащ. Иджыблагъэ ягъэува «МафIэ пащтыхьыгъуэхэр» фильмым а тхыдэ Iыхьэр къыщагъэлъагъуэкIэ, сулътIан Iэл-Гъэури и хьэдэр бийхэм джэгупIэ хуамыщIын папщIэ, и щхьэр паупщIу щэхуу щIалъхьауэ къыхощ. Езыр щIэмылъми, и ухуэныгъэм «СулътIан Iэл-Гъэурий и кхъэлэгъунэ» цIэр къыхуэнащ. Ар зыхуэзэ къуэкIыпIэ лъэныкъуэм иджыри хеубыдэ хъэнэкъэ, сэбилкIэ зэджэ псы зекIуапIэ, диным хуеджэн щIэзыдзэ сабийхэм папщIэ мыдрисэ. КъухьэпIэ лъэныкъуэр яубыд мэж-джытымрэ еджакIуэ нэхъ балигъхэм папщIэ мыдрисэмрэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|