ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэхэр ягъэгушхуэ

РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал Мэкъумэш университетым, Педагогикэ колледжым я студентхэмрэ аспирантхэмрэ пхыкIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и стипендиер зратынухэр къыщыхах зэхьэзэхуэм. НыбжьыщIэхэм ахъшэ саугъэтыр хуагъэфэщащ щIэныгъэм къыщагъэлъагъуэ я ехъулIэныгъэхэм папщIэ.
Урысейпсо, дунейпсо олим­пиадэхэмрэ зэхьэзэхуэ зэхуэ­мы­дэ­хэмрэ текIуэныгъэхэр къыщызы­хьахэр щызэхуашэсащ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я Iуэхухэм- кIэ и министерствэм. КъБР-м и Iэ­тащхьэм и Администрацэм и уна­фэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд щIэ­ны­гъэлI ныбжьыщIэхэм яритыжащ стипендиер къызэрахьынум и сертификатыр.
«Стипендиер къытхуагъэфэщэн щхьэкIэ япэщIыкIэ КъБКъУ-м, иужькIэ РАН-м и КъБНЦ-м и щIэ­ныгъэ-егъэджэныгъэ центрым ­икъукIэ лэжьыгъэ купщIафIэ ще­дгъэ­кIуэкIащ. Сыхуейт сыт и лъэныкъуэкIи щIэгъэкъуэн къысхуэхъуа  си гъэсакIуэхэм  фIыщIэшхуэ яхуэс­щIыну», - жиIащ аспирант Бакъ Мадинэ, КъБР-м и РИА IуэхущIапIэм и корреспондентым щепсалъэм.
Къыхэгъэщыпхъэщ КъБР-м и Iэтащхьэм и ахъшэ саугъэтыр къахьыну Iэмал зэраIэр щIэныгъэ къэ­ху­тэныгъэхэмрэ еджэнымкIэ ехъу­лIэныгъэ зиIэхэм, Урысейм и щIэ­ныгъэ журналхэм зи лэжьыгъэ къытрезыгъадзэхэм. Къэбгъэлъагъуэмэ, мы зэманым РАН-м и Къ­э­бэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и аспиранти 4 абы хэхуащ.
 

Магомедовэ ФатIимэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.09.2023 - 12:25

ТУРИЗМЭМ И МАХУЭ

1980 гъэм къыщыщIэдзауэ фокIадэм и 27-р Туризмэм и дунейпсо махуэу ЩIы Хъурейм и къэрал куэдым щагъэлъапIэ.

28.09.2023 - 12:25

ЩIЭБЛЭМ АНЭДЭЛЪХУБЗЭ ЯIУРЫЛЪЫН ПАПЩIЭ

Сабийхэм тхылъ яхуэзытхым езым и псэр къабзэу щытыпхъэщ, цIыкIухэм я гурыгъухэр зыхищIэн щхьэкIэ.

28.09.2023 - 09:03

ТХЬЭ ЗАКЪУЭР ЗИ ФIЭЩ ХЪУА ЯПЭ БЗЫЛЪХУГЪЭ

Тхьэ закъуэр зи фIэщ хъуа Мусэ (Моисей) бегъымбарымрэ Рамзес ЕтIуанэ фирхьэунымрэ я зэхуаку дэлъа зэпэщIэтыныгъэмрэ, джатэдэпщым лъэпкъым къытригъэхьа леймрэ и хъыбар зэхэфхыжауэ къыщIэкIынщ.

28.09.2023 - 09:03

ХЬЭРЭ-КХЪУЭРЭ И ПИРАМИДЭХЭР

Кавказ лъэпкъхэр къызытехъукIыжа пасэрей лъэпкъыжьхэм щэху куэд къащIэнауэ нобэм къихьэсащ тхыдэм. Абыхэм ящыщщ псэ унэхэр, пирамидэхэр, сыдж, абрэмывэ телъыджэхэр. 

28.09.2023 - 08:54

АДЫГЭХЭМ (ШЭРДЖЭСХЭМ) Я МАХУЭМ ТРАУХУЭ

КъБКъУ-м и библиотекэм и художественнэ, лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэхэм тхыдэмкIэ кафедрэм и егъэджакIуэхэр ящIыгъуу, Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэм ирихьэлIэу къыщызэрагъэпэщащ «Адыги: вехи исто