Къалэн хьэлъэ зи фэ дэкIахэр

Советыдзэр Афганистаным къызэрырашыжрэ мазаем и 15-м илъэс 30 ирикъуащ

Афган зауэм совет сэлэт мелуан ныкъуэ хэтащ, цIыху мин 14-м щIигъу абы хэкIуэдащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу афган ­зауэм щыIащ 1860-рэ, 55-м къагъэзэжакъым. Ягъуэта уIэгъэхэмрэ фэбжьхэмрэ къыхэкIыу а зауэм и ветеран 300-м щIигъу ­дунейм ехыжащ. Ди лъахэгъухэу щым къыхуагъэфэщащ Бэракъ Плъыжьым и орден, «Ха­хуа-гъэм папщIэ» медалыр къратащ цIыху 870-м, «Дзэ щIыхьым папщIэ» медалхэр - зауэлI-афган 907-м.

Советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ илъэс 30 зэры­рикъур щагъэлъапIэ махуэм Налшык и Дэшхуей хадэм Афганистаным щызэуахэм я фэеплъу итым и деж щызэхуэсащ мы зауэм щыIахэр, абы хэкIуэдахэм я Iыхьлыхэр, Правительствэмрэ Парламентымрэ, жы­лагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, ветеранхэр, кадет школхэм я курсантхэр, къалэдэсхэр.

ПэкIур къызэIуахри, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и ­къуэдзэ Къардэн Мурат къеджащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэ- кIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек советыдзэхэр Афганистаным къызэ­ры­рашыжрэ илъэс 30 зэрырикъумкIэ цIыхухэм зэрызахуигъазэм.

Зи къалэныр щIыхь пылъу зыгъэ­зэщIа совет сэлэтхэм къагъэлъэ­гъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ теп­- сэ­лъыхьащ КъБР-м Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къару-хэм, хабзэхъумэ органхэм я ве­­теранхэм (пенсионерхэм) я советым и унафэщI Шыхъуэбахъуэ Мухьэмэд. Республикэм и Дин Iуэ­хущIапIэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Сыжажэ Алим дыуэ ищIри, къы­зэхуэсахэр дакъикъэкIэ щымащ, Афганистаным щызэуахэм я фэеп­лъым и деж удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ.

КъыкIэлъыкIуэу пэкIухэр щекIуэкIащ, удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ «Налшык дзэ щIыхьым и къалэщ» стеллэм, «ЩIыхьым и мафIэ мыужьых» мемориалым деж.

А махуэ дыдэм Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIащ советыдзэр Афганистаным къызэрырашыжрэ илъэс 30 зэрыри­къум теухуа гуфIэгъуэ зэIущIэ. Абы хэтащ республикэм и унафэщIхэр, Хэку зауэш­хуэм, Афганистаным я ветеранхэр, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда зауэлI­хэм я анэхэмрэ Iыхьлы­хэмрэ. ­КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий ­къеджащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэ­защIэ КIуэ­кIуэ Казбек цIыху­хэм зэрызахуигъазэм икIи жи­Iащ афган зауэм хэта, мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ гъэбы­дэ­ным хэлъ­хьэны­гъэшхуэ хуэзыщI Чочаев Шарабуттин - Iимам Абу Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ ислъам институтым и ректорым ­КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъ зэры­хуа­гъэфэщар.

КъБР-м ЦIыхухэм я хуиты­ныгъэхэмкIэ и уполномоченнэ, Афганистан зауэм и ветеран Зумакулов Борис къызэхуэсахэм ягу къигъэ­кIыжащ Афганистаным щыIахэм я пщIэр 90 гъэхэм къэралым щагъэлъэхъшэну зэрыхэтар, «сыт и мы­хьэнэ абы щы­фщIам?» жаIэу. Къэ­бэр­дей-Балъкъэ­рыр ящыщ япэу ар зымыдахэм. Республикэм и уна­фэщI­хэм абы щыгъуи иджыи лIы­хъужьхэм хуа­гъадэу пщIэ ­хуащI зауэлI-интернационалистхэм. Ар я фIы­щIэщ ­КъБР-м и япэ Пре­зиденту щыта КIуэкIуэ ­Валерийрэ Афганиста­ным щыIахэм 1996 гъэм къы­­зэ­рагъэпэща советымрэ.

Iэгуауэшхуэм щIэту Шыхъуэбахъуэ Мухьэмэд Зумакулов Борис иритащ УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и ­министерствэм къыбгъэ­дэкI, «Хэкум зэрыхуэпэжым ­пап­щIэ» орденым и дамыгъэр.

Афганистаным и ветеран 30-м щIигъум иратащ ­КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ, министерствэхэмрэ ведомствэ­хэмрэ я щIыхь тхылъхэр. Къызэхуэсахэм я гукъыдэ­жыр къаIэтащ «Город Н» вокально-инструментальнэ ансамблым, Музыкэ теат­рым и солистхэу Къул Ланэ-рэ Жаникаев Эльдаррэ, ­КъБКъУ-м и «Каллисто» ­къэфакIуэ гупым, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым, КъБР-м, Адыгейм, КъШР-м щIыхь зиIэ я артисткэ Тхьэгъэ­лэдж Светланэ сымэ, нэгъуэщI­хэми.

УАРДЭ Жантинэ.Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.