ДУНЕЙПСО ЧЕМПИОНАТЫМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Къэзан дэт, щхьэзакъуэ зэзауэхэмкIэ «Ак Барс» уардэунэм щекIуэкIащ мыолимп тхэквондомкIэ Урысей Федерацэм и чемпионатрэ зэхьэзэхуэрэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ 52-м къикIа спортсмен 900-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэм Тэтэрстаным щызыIэрагъэхьащ медаль зэмы­лIэужьыгъуэу 10. 

«Масоги» лIэужьыгъуэм щызэуа, килограмм 58-м нэблагъэ зи хьэлъагъ ди лъэпкъэгъу Апхудэ Тимур чемпионатым и дыжьын медалыр къихьащ. А хьэлъагъ дыдэм, ауэ ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр щызэдагуэшащ Дыкъ Артёмрэ Исаков Амиранрэ. 
Килограмм 64-м нэблагъэ зи хьэлъагъхэм я зэпэщIэтыныгъэм домбеякъ медалыр щызыIэригъэхьащ Къалэ Амир.
Зи ныбжьыр илъэс 12 - 14-хэм итхэм я къэралпсо зэхьэзэхуэм щызэуа гупхэм къапэлъэщын къахэкIакъым икIи дыщэ медалхэр къыщахьащ Къалэ Самирэ (кг 35-рэ), Къалэ Лянэ (кг 45-рэ), Кетенчиев Мурат (кг 35-рэ) сымэ. 
Гуп зэпеуэм утыку къыщихьа Дыкъ Артём, Исаков Амиран, ­Къалэ Амир сымэ пэщIэдзэ зэIущIэхэр фIы дыдэу ирагъэкIуэкIащ, арщхьэкIэ финалым зы балл закъуэкIэ къыщыхагъэщIащ Киров областым и гуп къыхэхам икIи ныбжьыщIэхэм я Урысей­-псо зэхьэзэхуэм дыжьын медалхэр къыщахьащ. 
Урысей Федерацэм и чемпионатымрэ зэхьэзэхуэмрэ къы­щагъэлъэгъуа зэфIэкIхэм япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсмени 7-м Iэмал ягъуэтащ тхэквондомкIэ дунейпсо чемпионатрэ зэхьэзэхуэу илъэс къакIуэ бадзэуэгъуэм и 11 - 15-хэм Харьков къалэм щекIуэкIынум хэтыну. 
Ди республикэм и командэ къыхэхар ягъасэ Бэлахъуэ Елдаррэ Абазэ Азэмэтрэ.
 

КЪЭХЪУН Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)