БЛЭКIА ЗЭМАНЫМ УЩЕГЪЭХЬЭЩIЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым иджы­благъэ щекIуэкIащ ­КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Нало Ахьмэдхъан Хьэмырзэ и къуэр къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъуар гъэлъэ­пIэ­ным теухуа Iуэхухэр. Ахэр республикэм и IуэхущIапIэ зэхуэ­мыдэхэми езыр къыщалъхуа Хьэтуей жылэми щызэхэтащ. А цIыху щыпкъэм теухуа си ­гукъэкIыжхэмкIэ, и тхыгъэ­хэм сызрагъэгупсысахэмкIэ сэри садэгуэшэну сыхуейт «Адыгэ псалъэм» и щIэ­джы­кIакIуэхэм.

АХЬМЭДХЪАН сэ къыщыс­цIыхуам сыхъыджэбз цIыкIут. СызыщIэсыр химико-биологие факультетрами, адыгэбзэр фIы­уэ слъагъурт икIи ди тха­кIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм се­джэн сфIэфIт. Хъыджэбз цIыкIу­хэм ди гъусэт Ахьмэд­хъан и шыпхъу Зое. Дэ псори дехъуапсэрт абы. Дауи уемы­хъуэпсэнрэт дэлъхуихым ягъа­фIэ, ягъэдахэ, ягъэлъапIэ хъы­джэбзым! Ахьмэдхъан Зое и деж общежитым ныщIыхьамэ, дыукIытапэурэ дакIэлъып­лъырт абыхэм.
Зое хъыджэбз лъагэт, дахэт, Ахьмэдхъан щIалэшхуэм хуэдиз хъуным мащIэт къанэр. А зэманхэм щIэздзащ сэ Ахь­мэдхъан и тхыгъэхэм седжэн. Пэ­жыр жысIэнщи, си щIалэ­гъуэу сыщеджамрэ иджы зэ­рыщIэзджыкIыжымрэ зэ­хуэ­дэкъым. Абы и «Нэхущ шу» романым ­сыщеджам си гум хыхьат. Псом хуэмыдэу зыхэс­щIэпат «Ха­дапщIэ» Iыхьэр, абы къытезгъэзэжурэ тIэу-щэ седжэжат. Иджырей щIалэ­гъуалэм къагурыбгъэIуэну ­гугъущ а хадап­щIэм и гугъуа­гъымрэ а зэма­ным цIыхум ятелъа хьэзабымрэ. Ахьмэдхъан «ХадапщIэр» зэритхыж дыдэм хуэдэт дэ школым дыщыщIэсым зи щхьэгъу­сэхэр зауэ гуащIэм хэкIуэдауэ колхоз губгъуэм ит фызхэм дазэрыдэIэпыкъур.
Сыту нэрылъагъуу, гурыIуэгъуэу тхэрэт Ахьмэдхъан! А хадэм ухешэ, уи гум къегъэ­кIыж фIанэм и хьэлъагъыу щы­тар, псалъэкIэ нэхъ мыхъуми, дигу фIы ящIыну губгъуэм ны­хыхьэу щыта, Нартан къуажэм и унафэщIхэу Шыбзыхъуэ Хьид, Егъэн Задин сымэ.
Сыту сфIэфI Ахьмэдхъан и тхыгъэхэм сытепсэлъыхьыну! Псом хуэдэкъым «Псыхьэ на­нэ» рассказыр.
Сэ езыр куэд щIащ нанэ сы­зэрыхъурэ. Унанэу а рассказым ущеджэкIэ, Бышэ нанэ и деж плъэмыкIыу хьэщIапIэ уешэ Ахьмэдхъан: Iэмал имыIэу сы­хуейщ абы сеуэршэрылIэну; псыуэ къихьыр пщIэншэу иримыкIуту: «Хьэутий къэкIуэжмэ, Iэнэм къытетлъхьэну хадэхэкI­хэм щIэдгъакIэ», жысIэурэ тезгъэуну.
Гум щIыхьэу итхащ Ахьмэдхъан а рассказыр, къигъэлъэгъуащ анэм быным хуиIэ лъа­гъуныгъэм и кууагъыр, уеблэмэ абы уи щхьэр зэригъэкIуэ­кIынкIэ зэрыхъунур. А расска­зым апхуэдизкIэ купщIэшхуэ иIэщи, уегъэгупсысэ: «Сэри сцIыхуу пIэрэ абы ещхь нанэ?» жыпIэу. Сэ соцIыху! Нартан ­къуажэм щыщ Гъудэ Къарэ. А цIыхубз дахэр зыкIэ пшынауэ Iэзэти!.. Зэхыхьэ гуэр къэхъуа­мэ, къелъэIухэрт пшынэ ирагъэуэну. «Лалу къэкIуэжмэ сы­фхуеуэнщ», - жиIэ фIэкIа, пшы­нэр яIихыртэкъым. Къарэ губзыгъэ дыдэт икIи къыбгуры­Iуэрт абы и псэм щигъафIэ лъа­гъуныгъэм и дахагъэр, абы зэ­ры­хуэпэжыр. Зауэм хэкIуэда и щхьэгъусэм пэплъэурэ дунейм ехыжащ Къарэ. А зауэ нэужь зэманыр сыту IупщIу икIи гуузу къыщыгъэлъэгъуэжа Ахьмэдхъан и тхыгъэхэм. 
Абы и дэтхэнэ зы тхыгъэми и лъабжьэр гъащIэрщ - езым псэкIэ зыхищIа гурыщIэхэрщ, гуфIэгъуэри нэщхъеягъуэри щызэщIэлъу. Налом и IэдакъэщIэкIхэр ди щIэблэм Iэмал имыIэу куууэ яджыпхъэщ, сыту жыпIэмэ, ахэр гъащIэм узыщрихьэлIэ лъэпощхьэпохэм уащ­хьэдэхынымкIэ, гугъуехьхэм уапэ­лъэщынымкIэ узэрыгъуэ­зэнхэщ. 
Налом и тхыгъэхэм хэт лIы­хъужьхэм ядэтлъагъу зэхущы­тыкIэ дахэм, пэжыгъэм щIэтпIыкI щIэблэр Ахьмэдхъан хуэ­дэу хахуэу, цIыху пэжу къэ­тэджыну уащыгугъ хъунущ.
Нало лъэпкъым щыщ куэдым щIэныгъэшхуэ зэрабгъэ­дэлъым, я гупсысэхэр тхыгъэ­кIэ къаIуэтэну зэрафIэфIым, ар фIы дыдэуи зэрахузэфIэкIым дыщыгъуазэщ. Я къалэмыр жану ягъабзэу, ябгъэдэлъ зэчийр адыгэхэм хуагъэлажьэу къэгъуэгурыкIуащ Жансэхъу, Заур, Ахьмэдхъан, Аскэрхъан, Къарэ сымэ. Уегупсысмэ, сыт и уасэ апхуэдэ цIыхухэр лъэп­къым къыбдалъагъуну!
Ахьмэдхъан цIыху куэдым фIыуэ ялъагъу икIи псалъэ ­гуапэ Iэджи хуатхащ. Абыхэм ящыщт си щхьэгъусэ полков­ник Джэтауэ Хьэмыщэ. Абы и тхыгъэ «Отважный понтонёр» зыфIищар Нало Ахьмэдхъан теухуат - адыгэлI щэджащэм Хэку зауэшхуэм къищигъэлъэгъуа хахуагъэм, и губзыгъагъэм, и псэм и къулеягъым. Дапхуэдиз акъылрэ зэфIэкIрэ уиIэн хуейт танк бригадэр Неман псышхуэм зэпрыпшын щхьэкIэ! И лIыгъэм папщIэ къэралым и дамыгъэ лъапIэ куэд къыхуагъэфэщат Ахьмэдхъан, ауэ нэхъ лъапIэхэм ­ящыщт Невский Александр и орденыр. Апхуэдэ щIыхь зы­хуащIхэр зырызыххэт. 
Хьэмыщэ фIыуэ илъагъурт Ахьмэдхъан, абы и къуэшхэу полковник Аскэрхъан, Заур сымэ. Абыхэм яхуищI пщIэм кърикIуауи къыщIэкIынут На­лохэ благъэ зэрытхуэхъуар - ди хъыджэбз нэхъыщIэ Радинэ Налохэ нысэ яхуэхъуат. Хэт ­игъащIэм илъэгъуа адэр и ­пхъум и нэчыхьытх кIуэуэ?! «Сэ Ахьмэдхъан, Аскэрхъан, Заур сымэ сабгъэдэсыну сыхуейщ», - жиIэри, Хьэмыщэ кIуат а нэ­чыхьытхым.
Ахьмэдхъан теухуа псалъэ дахэ, гуапэ куэд зэхэсхащ сэ, ауэ Къэрмокъуэ Мухьэмэд ­хужиIауэ иджыблагъэ сыкъы­зэджэжам псори къызэщIиубыдэу къысщохъу: «Езым фIыуэ илъагъу и лIыхъужьхэм хуэдэу лъэщт икIи Iущт, бжьы­фIэт икIи лIыфIт Нало Ахьмэдхъан».

 

БЕКЪАН (Джэтауэ) Жанусэ Цом и пхъур, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.