АДЫГЭЛI НЭС ХЬЭТКЪУЭ НЭЖЭТ

Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм хэкум къыхуэпабгъэрэ абы икI я къуэшхэр я нэ, я псэу яхэт лIы щыпкъэхэм ящыщщ Хьэткъуэ Нэжэт.

Нэжэт Амасие вилайетым (Тырку Республикэ) хыхьэ Гуэчэрей адыгэ къуажэм 1949 гъэм къыщалъхуащ. И адэр абзэхщ, и анэр беслъэнейщ. Курыт школ нэужьым, дзэм къулыкъу щищIэным хуеджэри, лэжьэн щIидзащ. Илъэс 45-кIэ пэрытащ ар а IэнатIэм, и зыгъэпсэхугъуэ пIалъэр къэсу тIысыжа нэужь, щыпсэу Истамбыл и гъунэгъу Бейкоз куейм хыхьэ Полонезкёй къуажэм турист Iуэхум епха хьэрычэтыщIэу щылэжьэну кIуащ. А къуажэм унэ цIыкIу дищIыхьауэ и щхьэгъусэ Гюльназрэ абырэ щопсэу, япхъу закъуэр Истамбыл дэсщ, банкым щолажьэ. Нэжэт нэIуасэ тхуэхъуати, къыщыхъуа унагъуэм, и лъэпкъым хуиIэ гурыщIэм, поляк къуажэм къэIэпхъуа зэрыхъуам теухуауэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.

- Сыкъыщалъхуа, сыкъыщыхъуа къуажэм дэсу хъуар адыгэбзэкIэт зэрызэпсалъэр, ди лъэпкъ хабзэрат псоми я тегъэщIапIэр, - къыддогуашэ Нэжэт. – Школым кIуэн щIэддза нэужьщ тыркубзэр щызэдгъэщIар. ИужькIэ, балигъ хъур еджэну е лэжьэну къыдэIэпхъукIыурэ, иджыпсту къуажэм къыдэнэжар мащIэ дыдэщ. Гуэчэрей жылэр Истамбыл километри I70-кIэ пэжыжьэщ, щыблэжьын зэрыдэмылъым щхьэкIэ, адыгэу дэсар къалэшхуэхэм къэIэпхъуащ. Ди унэр иджыри дэтщ абы, щIэх-щIэхыу дыкIуэурэ дыкIэлъоплъ, махуитI-махуищкIэ дыкъонэри, зыщыдогъэпсэху, дыкъэзылъхуахэм я кхъащхьэхэр догъэкъабзэ. Адыгэр куэду щызыхэсым щыгъуэщ дыбейуэ щыщытар, уэрамми дэни щызэхэпхыр адыгэбзэт, нэхъыжьым хэлъын хуейри, нэхъыщIэр зыхуэгъэIущыпхъэри тщIэрти, хабзэм тету щIэблэр къэхъурт. Къэбэрдейхэри, абзэхэхэри, бжьэдыгъухэри, беслъэнейхэри зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу щызэдэпсэурт абы.

Си щхьэгъусэм и анэр ди къуажэт, ахэр къэбэрдейт. Езыхэр Самсун щыпсэурти, щIэх-щIэхыурэ Гуэчэрей хьэщIапIэ накIуэхэрт. Си анэмрэ Гюльназ и анэмрэ зэныбжьэгъути, дызэрыцIыхут, дызэрылъагъути, щхьэгъусэ сщIащ. Ари пенсэ ныбжьым нэсати, сыщылажьэ мы къуажэ цIыкIур дигу ирихьри, унэ къыщытщэхуауэ дыщопсэу, хъыджэбзыр мэлажьэри, Истамбыл дыщиIэ унэм щIэсщ.

Мы къуажэм дэс полякхэмрэ дэрэ ди натIэ кърикIуар зэщхьщ. Абыхэми я хэкур ирагъэбгынэри, Польшэм мухьэжыру къикIауэ аращ. Жылэм и Iэтащхьэ щIалэр си ныбжьэгъути, хьэрычэт Iуэхур здэтщIэнщ жытIэри, зэгъусэу дылажьэу дыхуежьащ.

- Абыхэм я хабзэр ящIэжу, я щэнхабзэр ящымыгъупщауэ щыт? Хамэ щIыпIэ куэдым къыщыщIидза ди лъэпкъэгъухэм хуэдэу хуэсакъа ахэри я хъугъуэфIыгъуэхэр хъума хъуным?

- Я анэдэлъхубзэр зыщагъэгъупщакъым, нэхъыбэм яIурылъщ. Дэ дгъэунэхуауэ фIыуэ дощIэ уи хабзэмрэ бзэмрэ хамэ щIыпIэ щыпхъумэным и гугъуагъыр зыхуэдэр. Полякхэри хуосакъ я сабийр къызэрыхъуу езыхэм я бзэр зэрырагъэщIэным. Истамбыл дэт поляк посольствэм школ къыщызэIуахауэ цIыкIухэр абы ягъакIуэурэ я бзэр ирагъащIэ, итIанэ курыт еджапIэм кIуэн гъунэгъу хъуа нэужь, тыркубзэр ирагъэцIыху.

Полякхэмрэ дэрэ ди щэнхабзэр мащIэу зэтохуэ. Арагъэнщ тэмэму дызэгурыIуэу дыкъыщIызэдекIуэкIыр. Езы къуажэр къапщтэмэ, мэзым хэтщ, жьы къабзэ щыкуэдщ, Истамбыл пэблагъэщи, турист куэд къокIуэ. Мыбы дэс псори хьэрычэт Iуэху пэрытхэщ.

- Хамэ къэралхэм щыхэхэс адыгэхэм я бзэр яIурылъын, я хабзэр зэрахьэжын хуейуэ къыдолъытэ, ди жагъуэ мэхъу ахэр нэгъуэщI лъэпкъхэм щахэшыпсыхьыжкIэ. Фэ зэпымычу жывоIэ, къуажэхэм зэIуу фыщыдэсам лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр нэхъыфIу фхъумэу щытауэ. Ар хъарзынэт, ауэ зэманым фыдекIуу фыпсэун папщIэ къалэм фыIэпхъуэу щIэныгъэ зэвгъэгъуэтын, IэщIагъэ фыпэрыхьэн хуей мэхъу. Мис абы щыгъуэм адыгагъэр, ухуей-ухуэмейми, пфIытокIуэт. Дауэ а гугъуехьым фызэрыпэщIэтыр?

- Дэ ди ныбжь дэтхэнэми ещIэж, хэкужьым дису фIэкIа къытщымыхъужу, адыгэ къуажэхэм дыдэсу зэрыщытар. Ауэ, зэрыжыпIащи, еджакIуэ, лэжьакIуэ кIуэурэ къуажэдэсым я Iыхьэ щанэр къыдэкIащ. Къалэшхуэм щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэтар лэжьапIэ IэнатIэ щыпэроувэри, къуажэм игъэзэжыфыркъым, игъэзэжкIи псэуа хъунукъым. Абы ипкъ иткIэ, ди бынхэм нэхъ мащIэущ зэращIэжыр. Ауэ узыщыгуфIыкIын Iуэхущ, ди щIалэгъуалэр иджы нэхъ лъэпкъыпсэ зэрыхъур, бзэр зэрамыщIэр я гуныкъуэгъуэу къызэрыдэкIуэтейр. Сэ шэч къытесхьэркъым, дяпэкIэ къалэдэсхэм, балигъыпIэ иувахэми, сабийхэми, бзэр зэрагъащIэу зэрыщIадзэжынум. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэтахэм, къэралым къулыкъу, IэнатIэ хъарзынэхэр яIэу щылажьэхэм къызыхэкIар ящIэжу, я анэдэлъхубзэр ягъэшэрыуэфу псэун зэрыхуейр къагуроIуэж, тхьэм и шыкуркIэ.

- Уэ уи хъыджэбзым ищIэрэ адыгэбзэ?

- ИщIэкъым, ауэ ари ящыщщ ныбжь гуэрым нэсу лъэпкъ Iуэхум хуеIэ хъуахэм. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтауэ мэлажьэри, иджы Хасэм макIуэ, бзэр зригъэщIэну, адыгэм и тхыдэм зыщигъэгъуэзэну.

ДызищIысыр тщIэжу, дызэрыIыгъыу дыпсэун зэрыхуейр, ди хъыджэбзхэр тырку етт, ди щIалэхэм нэгъуэщI пщащэхэр къедгъашэ зэрымыхъунур быдэу къыдгуроIуэри, дэтхэнэ унагъуэри, Iэмал зэриIэкIэ, абы тетщ.

- Тыркум щыпсэу адыгэхэм я гугъу щытщIкIэ, лъэпкъ зэхэгъэж ямыщIу, зэныкъуэкъу я зэхуаку къыдэмыхъуэу зэрызэдэпсэум гур хегъахъуэ…

- Сэ илъэс куэдкIэ сахэтат, садэлэжьат тыркухэми, лъэпкъ зэхэгъэж зэи згъэунэхуакъым. Уеблэмэ тыркур тыркум зэрыхущытым нэхърэ нэхъыфIу дэ къытхущытщ, «сышэрджэсщ» жыпIэмэ, пщIэ лей къыпхуащI. Абыхэм я зэхэтыкIэр, я псэукIэр, я къабзагъыр жаIэу, нэ лейкIэ къыдэплъу апхуэдэщ. Илъэс куэдкIэ дзэм сыхэтащ, гъунэгъуу, ныбжьэгъуу сиIэри тыркущи, зы Iуэху гуэр щхьэкIэ тIу щызэгурымыIуэм деж ухэпсэлъыхьамэ, «ар адыгэщ, абы зэрыжиIэм хуэдэу фщIыи фыщыуэнукъым», - жаIэ.

- Уэ уи Iуэхухэр сыт и лъэныкъуэкIи зэтеублауэ, пщIэ зыпылъ къулыкъу епхьэкIауэ, иджыри хьэрычэт Iуэхум хъарзынэу ухэзэгъауэ щытщ. ХэкумкIэ уи гур щыкIуэж, зэзгъэлъэгъуарэт, сыщыпсэуарэт жыпIэу ущыхъуапсэ къыпхуихуэрэ?

- Хэкум кIуэжыну мыхъуапсэ адыгэ щыIэ мыбы? Сэ сыкIуэжын мурад сиIэу нобэм сыкъэсащ. Иджыри сIэщIэхуакъым ар, си гум илъщ сыкIуэжыну. Иужьрей илъэсхэм хэкужьым щыхъыбархэр щIэх-щIэхыурэ къытIэрыхьэу, абы щыпсэу ди ныбжьэгъухэм депсалъэу щытщи, ар ди гурыфIыгъэщ. Си жагъуэ зэрыхъущи, хэкужьым си лъэр зэ нэхъ мыхъуми щезгъэувэхыну иджыри къэс сыхунэсакъым. Ауэ си ныбжьэгъухэм я гъусэу Абхъазым сыщыIащ, я зэхэтыкIэ, я псэукIэ зэзгъэлъэгъуащ. Иджы Налшыкрэ Мейкъуапэ сыкIуэну си мурадщ.

Гугъэр адэ щIэинщ. Иджыри къэскIэ дызэрыадыгэр тщIэжу дыкъыщыгъуэгурыкIуакIэ, дяпэкIи тхъумэжыфынущ ди адыгагъэр. Лъэпкъ псор зы дыщыхъужыну зэманым сыщыгъуазэкъым, ауэ, си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, сэ хэкум зэрызгъэзэжынур сощIэ. 

Епсэлъар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ